IутIыж махуэшхуэм щызэхуэсащ зи тхьэкIумэм фIыуэ зэхимыххэм я зэгухьэныгъэм хэтхэр

05.05.2019
Просмотры: 2177

2019 гъэм накъыгъэм и 3-м Псыхуабэ епархием зи тхьэкIумэм фIыуэ зэхимыххэм щиIэ зэгухьэныгъэм хэтхэр щызэхуэсащ Анджиевскэ къуажэм и Иоанно-Богословскэ члисэм IутIыж махуэшхуэр щагъэлъапIэм. Джэгухэмрэ квестхэмрэ къызэрагъэпэщащ зэгухьэныгъэм и щоджэнхэм: щоджэнхэу Пимичев Димитрий, Тарнакин Максим, Лиманови Георгий, сурдоегъэджакIуэ Баварская Еленэ сымэ. Тхьэмахуэ школхэм я гъэсэнхэр ядэIэпыкъуащ махуэшхуэр къызэрагъэпэщынымкIэ. IутIыж гуфIэгъуэмкIэ зэхыхьэм хэтхэр зэдэгуэшащ.

2177
Фотогалерея