2019 гъэм накъыгъэм и1-м Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт Тхьэм и Анэм и «Не рыдай Мене, Мати» тхьэнапэм и цIэр зезыхьэ члисэм и пащтыхь шэнтиуэ махуэшхуэр щригъэкIуэкIащ Успенскэ Второафонскэ Бештаурскэ цIыхухъу къулъшырыфым и игумен корпусым. Щоджэнархимандритым къулыкъур драгъэкIуэкIащ къулъшырыфым и щоджэнхэм. Махуэшхуэм къэкIуащ Кавминводы и къалэхэм къикIыу щIыналъэ лъапIэм Тхьэ елъэIуну къэкIуахэр. IутIыж пщэдджыжь тхьэлъэIум иужькIэ къулъшырыфым и Георгиевскэ члисэм абы щыIэхэмрэ щIыналъэ лъапIэм Тхьэ елъэIуну къэкIуахэмрэ я зэгъусэ тхьэлъэIур щрагъэкIуэкIащ игумен корпусым. Абы Пастыр нэхъыщхьэм тхьэлъэIу литургиер щригъэкIуэкIащ. Щоджэн нэхъыщхьэм къардэн къулыкъур
къызэрыхуагъэфащэрэ илъэс 25-рэ щрикъум и пэ къихуэу, иподиакон Афанасий (Сапрыкин) орар тIуащIэр зэрихьэну хуит ищIащ.
Лиутргие нэужьым Щихънагъ нэхъыщхьэм щоджэнхэмрэ щIыналъэ лъапIэм Тхьэ елъэIуну кIуахэмрэ узэщIыныгъэкIэ захуигъэзащ. Архиепископ Феофилакт тхьэлъэIум хэт дэтхэнэми Тхьэм и Анэм и теплъэр тыгъэ яхуищIащ, фэеплъ къэхъугъэр ящымыгъупщэн папщIэ.
ИужькIэ Щоджэн нэхъыщхьэм IутIыж шэджэгъуашхэр щIыналъэ лъапIэм Тхьэ елъэIуну къэкIуахэм хьэлэл ящыхъуну захуигъэзащ икIи фIэщхъуныгъэ зиIэхэм епсэлъащ.