IутIыжыр Къэрэшей-Шэрджэсым и зэгухьэныгъэ цIыкIухэм щагъэлъэпIащ

01.05.2019
Просмотры: 1890

Христос лIахэм КъащыхэтэджыкIыжа махуэм махуэшхуэ тхьэлъэIухэр щагъэлъэпIащ Ипщэ Къэрэшей-Шэрджэс члисэ округым и зэгухьэныгъэ цIыкIухэм.

Домбай къуажэм щыпсэухэмрэ абы и хьэщIэхэмрэ папщIэ Тхьэм папщIэ бэлыхь куэд зрагъэшэча, Петроградск и митрополит Вениамин и цIэр зезыхьэ зэгухьэныгъэм, и IутIыж шхыныгъуэхэр игъэнэхуащ Карачаевскэ къалэм и Пантелеимоновскэ члисэм и унафэщI щоджэн Фоменкэ Сергий.

Исправнэ станицэм и Михайловскэ члисэм и унафэщI щоджэн Якушев Александр IутIыжым тхьэлъэIу уэрэдхэр зэгухьэныгъэхэм щригъэкIуэкIащ Тхьэм папщIэ бэлыхь куэд зрагъэшэча Михаил и фэеплъ телъыджэ Хонех щыIа Новоисправненскэ къуажэмрэ Тхьэм папщIэ бэлыхь куэд зрагъэшэча Елисаветэ и цIэр зезыхьэ Фроловскэ къуажэмрэ.

ТхьэлъэIум хыхьэу щоджэнхэр къеджащ Урыс Члисэм и Iэтащхьэмрэ Щоджэн нэхъыщхьэмрэ IутIыжым ирихьэлIэу зэрызыхуагъазэмрэ.

1890
Фотогалерея