Члисэм и унафэщIым IуэхущIапIэр зэрызэрагъэпэщыжынум ехьэлIа чэнджэщ иратащ

27.04.2019
Просмотры: 2404

2019 гъэм мэлыжьыхьым и 26-м Псыхуабэ епархием и архитектурно-ухуэныгъэ комиссэр щыIащ Прохладнэ къалэм и Никольскэ члисэ зэхуэхьэсам. УнафэщI щоджэн нэхъыжь Маршалкин Андрей комиссэр иригъэблэгъащ члисэм и цоколыр къаплъыхьын папщIэ. Языныкъуэ щIыпIэхэм деж зэрахьар къэчэжащ икIи нэхъапэм абы иIа теплъэр къищтэжащ. Епархием и архитектор нэхъыщхьэ, хъумакIуэ Чечин Олег ар зэрызэрагъэпэщыжынум теухуа Iэмалхэр къигъэлъэгъуащ, члисэ-фэеплъым и теплъэм сэкъат имыIэу икIи хабзэми емыбакъуэу.

2404
Фотогалерея