Унагъуэ клубым хэтхэр гъэсэныгъэм тепсэлъыхьащ икIи уэрэд зрагъэщIащ

11.04.2019
Просмотры: 2251

Унагъуэ клубым и мэлыжьыхь мазэ зэхуэсым гъэсэныгъэм тепсэлъыхьащ, уэрэд жаIащ, IутIыжым щхьэкIэ хьэпшыпхэр ягъэхьэзыращ. Центрым и егъэджакIуэ-психолог Медведевэ Светланэ адэ-анэхэм яхутепсэлъыхьащ я ныбжьым иIэ щхьэхуэныгъэхэм, сабийхэмрэ ныбжьыщIэхэмрэ я кризисым. Сабийхэм волонтёрхэр ящIыгъуу мастер-классхэм хэтащ, IутIыжым ехьэлIауэ къызэрагъэпэщахэм. Дерсхэр ирагъэкIуэкIащ Калашниковэ Маринэрэ Романовэ Мариерэ.

ЗэIущIэр егъэкIуэкIынымкIэ дэIэпыкъуэгъу хъуащ ЕссэнтIыгу и медицинэ колледжым и волонтёр-медикхэр, Псыхуабэ университетым управленэмкIэ и школ Нэхъыщхьэм и студентхэр. Зэхыхьэр щиухым абы хэта псори – сабийхэр, адэ-анэхэр, гупыж зыщIахэр гъэмахуэм щIыуэпсым зыгъэпсэхуакIуэ щыкIуэкIэ жаIэну

уэрэдыр зрагъэщIащ, гитарэм щIэту. Клубым хэтхэм я унафэкIэ, уэрэд жыIэн хабзэм пащэнущ.

«Анэхэм папщIэ унэ» кризис центрым хыхьэу унагъуэ клубыр мэлажьэ унагъуэхэм я дэIэпыкъуэгъуу. Адэ-анэхэм я бынхэр щIыгъуу мазэм зэ абы йокIуалIэ, ныбжьэгъущIэхэр зэрагъэпэщын папщIэ икIи зыхуеину хъыбархэр ягъэхьэзыр, гъащIэм теухуа я бгъэдыхьэкIэхэмкIэ зохъуажэ е тхьэмахуэ махуэм унагъуэхэр зэгъусэн папщIэ.

Гупыж зыщI псори абы фыдогъэблагъэ!

2251
Фотогалерея