Черкесск и Свято-Сергиевскэ гимназием спорт махуэшхуэ щрагъэкIуэкIащ, узыншагъэм и махуэм теухуауэ. Махуэшхуэм хэтащ гимназием и класс псори. Зэхьэзэхуэр спорт утымрэ паркымрэ щрагъэкIуэкIащ. Джэгухэмрэ зэхьэзэхуэхэмрэ, тренажёр упражненэхэм ныбжьыщIэхэм къыщагъэлъэгъуащ я къарууфIагъэмрэ зэфIэкIымрэ, школым, классхэм я спортсмен нэхъыфIхэр къагъэнэIуащ.