2019 гъэм мэлыжьыхьым и 6-м Бештау бгым къыщызэIуахащ Джэгу Къабзэхэм я гъатхэ лъэхъэнэр. Бгы къэжыхьынымкIэ фестивалым хыхьэу 2019 гъэм и лъэхъэнэм и япэ Къабзагъэ Джэгур ирагъэкIуэкIащ. «Джэгу Къабзэхэр» - пхъэнкIийр зэхуэхьэсынымкIэ гупхэм я зэхьэзэхуэщ. СыхьэтитIым къриубыдэу гуп зэкъуэтхэм хэлъхьэныгъэфI хуащIащ Бештау ибгхэр гъэкъэбзэным.
Джэгухэр къызэзыгъэпэщахэм лъэIукIэ зыхуагъэзащ Успенскэ Второафонскэ Бештаурскэ цIыхухъу къулъшырыфым. Къабзагъэ Iуэху нэхъапэкIэ ирагъэкIуэкIахэми хуэдэу къулъшырыфыр дэIэпыкъуащ пхъэнкIийр дашынымкIэ. Фэеплъ саугъэтхэр ягуэша нэужь, Бештау щекIуэкIа Къабзагъэ Джэгум хэта, пхъэнкIий къэп щитIым щIигъу зэхуэзыхьэсахэм захуигъэзащ къулъшырыфым и благочиннэ иеромонах Елевферий (Казаков). Абы спортсменхэм фIыщIэ яхуищIащ Бештаурскэ завповедникыр зэрахъумэм папщIэ. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, иужьрей илъэсхэм бгыхэм пхъэнкIийхэр нэхъ мащIэ щыхъуркъым, волонтёрхэм я къабзагъэ Iуэхухэми емылъытауэ.