Шоанин члисэм фIэщхъуныгъэ зиIэ Марие Тхьэ щыхуелъэIуащ

01.04.2019
Просмотры: 2804

2019 гъэм гъатхэпэм и 31-м, фIэщхъуныгъэ зиIэ пащтыхь гуащэ Марие Ясыни и фэеплъ махуэм, Шоанин члисэм тхьэлъэIу уэрэдхэр щыжаIащ, Хетагуров Коста и къуажэм пэмыжыжьэу. Осетин пащтыхь гуащэ цIэрыIуэм XII лIэщIыгъуэм щхьэгъусэ хуэхъуащ Владимир и пащтыхь Всеволод. Абыхэм бын 12 зэдагъуэтащ. Ясын Марие и гъащIэмрэ гуащIэмрэ щыхьэт тохъуэ Лаврентевскэ, Троицкэ летописхэр. Абыхэм къыщыхьащ фIэщхъуныгъэ зиIэ пащтыхь гуащэр Осетием къыщыхъуауэ, урыс джыназ Всеволод щхьэгъусэ хуэхъуауэ икIи абыхэм бын 12 яIауэ. Абыхэм ящыщу плIыр (Константин, Георгий, Ярослав, Святослав) сымэ Владимир и джыназ ин хъуахэщ.

Пащтыхь ин Всеволод и тетыгъуэр Владимиро-Суздаль щIыналъэм и зыужьыныгъэм ирихьэлIащ, къалэхэм зыщаубгъум, члисэхэр щаухуэм, Владимир пащтыхьым и зэфIэкIымрэ нэхъыжьыгъуэмрэ къыщалъытэрт Урысейм. Абы и фIыгъэ хэлъщ пащтыхь гуащэ Марие. Пащтыхь гуащэм и цIэр къыгуэхыпIэ имыIэу пыщIащ къулъшырыф зыбжанэм, и гъащIэм къриубыдэу иухуэну зыхунэсахэм, илъэс щэ бжыгъэкIэ абы и фэеплъыр фIыщIэ ящIу щахъумахэм. 1200 гъэм Владимир щаухуа Успенскэ къулъшырыфыр, члисэ зэхуэхьэсам и ухуэныгъэр – аращ зи фIыгъэр. Владимирскэ пащтыхь унагъуэм и пащтыхь гуащэхэмрэ пащтыхьыпхъухэмрэ я кхъэ лэгъунэущ ар япэщIыкIэ къызэрызэрагъэпэщар. XIII лIэщIыгъуэм Марие щыщIалъэхьэжащ, абы и шыпхъу Аннэ, джыназ Всеволодрэ пащтыхь гуащэ Мариерэ япхъу Еленэ, иужькIэ фIэщхъуныгъэ зиIэ джыназхэу Невский Александр и щхьэгъусэхэр – Александрэрэ Вассэрэ (Василисэ) ипхъу Евдокие сымэ. Къулъшырыфыр илъэс куэдкIэ нэхъ къулейуэ иуIи цIэрыIуэу Урысейм и къулъшырыфхэм къахэфIыкIыу щытащ. Щихъхэм я фэеплъхэр ягу къагъэкIыжыну зэхуэсащ Хетагуров Коста къуажэм щыпсэухэр, Кубань къэзакъыдзэм и Баталпашинскэ къудамэ къэзакъхэм я Черкесскэ къалэ зэгухьэныгъэм хэтхэр. ТхьэлъэIу нэужьым Ипщэ Къэрэшей-Шэрджэс члисэ округым и чристэн екIуэлIапIэхэм я благочиннэ щоджэн нэхъыжь Субтельный Евгений къызэхуэсахэм захуигъэзащ фIэхъускIэ. Абы фIыщIэ яхуищIащ къэралым и цIыху цIэрыIуэхэм я тхыдэ фэеплъым и мыхьэнэр зыхуэдэр ягу къигъэкIыжу.

2804
Фотогалерея