Епархием и лIыкIуэхэр гуфIэгъуэ зэIущIэм хэтащ

28.03.2019
Просмотры: 2133

Урысей Федерацэм и Лъэпкъ гвардиер къызэрызэрагъэпэщрэ илъэс 208-рэ щрикъум теухуа гуфIэгъуэ зэIущIэр 2019 гъэм гъатхэпэм и 27-м екIуэкIащ. Абы и хьэщIэ лъапIэ хъуащ УФ-м и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу КИФЩI-м щыIэм

и аппаратым шынагъуэншагъэ IуэхухэмкIэ, зыхъумэжыныгъэмкIэ департаментым и унафэщI СэвкIуий Олег, Ставрополь крайм и Правительствэм и унафэщIым и къуэдзэ Скворцов Юрий, Псыхуабэ и Iэтащхьэ Скрипник Андрей сымэ.

Псыхуабэ епархием и лIыкIуэу абы хэтащ IэщэкIэ зэщIэузэда къарухэмрэ хабзэхъумэ органхэмрэ ядэлэжьэнымкIэ къудамэм и унафэщI щоджэн нэхъыжь Сорокин Константин, щихъхэу Иоакимрэ Аннэрэ я цIэр зезыхьэ члисэм и унафэщI щоджэн нэхъыжь Филиппов Андрей, Урысей гвардием и зы къудамэм зи нэIэ тетыр.

ЛэжьакIуэхэм я махуэмкIэ ехъуэхъуащ Урысейм и лъэпкъ гвардием и федеральнэ къулыкъущIапIэм и унафэщI, армэм и генерал Золотов Виктор. «ЛIэщIыгъуитIкIэ ди къэралым и тхыдэр къыгуэхыпIэ имыIэу пыщIауэ къогъуэгурыкIуэ хабзэхъумэдзэхэм, Хэкум и деж щахь къалэныр зыгъэзащIэхэр», - щыжыIащ видео зыкъыхуэгъэзэныгъэм.

Дзэм къулыкъу щызыщIэхэм фIэхъускIэ захуигъэзащ УФ-м и лъэпкъ гвардием Кавказ Ищхъэрэ округым щиIэ къудамэм и командующэ генерал-лейтенант Гетманов Игоррэ УФ-м и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу КИФЩI-м щыIэм и аппаратым шынагъуэншагъэ IуэхухэмкIэ, зыхъумэжыныгъэмкIэ департаментым и унафэщI СэвкIуий Олегрэ. Дзэм къулыкъу щызыщIэхэмрэ Урысей гвардием Кавказ Ищхъэрэ округым щиIэ лэжьакIуэхэмрэ фIыщIэ яхуищIащ Псыхуабэ и Iэтащхьэ Скрипник Андрей.

ГуфIэгъуэ зэхыхьэм хиубыдэу дамыгъэхэр, фIыщIэ тхылъхэр, саугъэтхэр иратыжащ Урысей гвардием къулыкъу щызыщIэхэм. Махуэшхуэр концерткIэ зэхуащIыжащ.

2133
Фотогалерея