Архиепископ Феофилакт щэбэт тхьэлъэIур иригъэкIуэкIащ

25.03.2019
Просмотры: 2578

2019 гъэм гъатхэпэм и 23-м, щэбэт тхьэлъэIум, Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт тхьэлъэIу литургие щригъэкIуэкIащ Псыхуабэ и Георгиевскэ члисэм и Краснослободскэ кхъэм. Щоджэн нэхъыщхьэм къулыкъур драгъэкIуэкIащ Псыхуабэ члисэ округым и екIуэлIапIэхэм я благочиннэ щоджэн нэхъыжь Дубинский Борис, члисэм и щоджэнхэм, къардэн нэхъыжь Кубэ Димитрий. Пастыр нэхъыщхьэм къулыкъур драгъэкIуэкIащ Псыхуабэ щыпсэухэм.

ХъыбарыфIхэр зэрыт тхылъ лъапIэм къеджа нэужь, Щихънагъым фIэщхъуныгъэ зиIэхэм узэщIыныгъэкIэ захуигъэзащ. Литургие нэужьым архиепископ Феофилакт дунейм ехыжа чристэнхэм папщIэ тхьэ елъэIуащ.

А махуэ дыдэм Пастыр нэхъыщхьэм Краснослободскэ кхъэм тхьэлъэIу щригъэкIуэкIащ щоджэн нэхъыжь Нецветаев Пётр папщIэ.

2578
Фотогалерея