2019 гъэм гъатхэпэм и 14-м Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт Псыхуабэ и Спасскэ кафедральнэ члисэ зэхуэхьэсам литургие щригъэкIуэкIащ. Щоджэн нэхъыщхьэм къулыкъур драгъэкIуэкIащ члисэ зэхуэхьэсам и клирикхэм. Пастыр нэхъыщхьэм и гъусэу тхьэлъэIум хэтыну къызэхуэсащ Псыхуабэ щыпсэухэмрэ абы и хьэщIэхэмрэ. ТхьэлъэIу нэужьым Пастыр нэхъыщхьэм иригъэкIуэкIащ Тхьэм папщIэ бэлыхь куэд зрагъэшэча Фёдор Тирон и каноным и къеджэныгъэр икIи фо зыщIэлъ шхыныгъуэр игъэнэхуащ. ИужькIэ щихънагъым фIэщхъуныгъэ зиIэхэм узэщIыныгъэкIэ захуигъэзащ.
А махуэ дыдэм Урыс Чристэн Члисэм щагъэлъапIэ чристэн тхылъым и махуэр. Горькэм и цIэр зезыхьэ библиотекэ нэхъыщхьэм етIуанэу архиепископ Феофилакт щыIущIащ Кавказым и Минводы и библиотекэм и лэжьакIуэхэм.
Апхуэдэ зэIущIэхэр хабзэ хъуауэ ирагъэкIуэкI. Иджырейм и темэр Пастыр нэхъыщхьэм мыпхуэдэу къигъэлъэгъуащ: ныбжьыщIэхэр тхылъым дебгъэхьэхын щхьэкIэ сыт хуэдэ Iэмалхэр щыIэ. «Илъэс бжыгъэ кIуахэм къагъэлъагъуэ, - къыхигъэщащ Щихънагъым, - тхылъыр щIэныгъэ къудейкъым зэрызэхэлъыр, атIэ щэнхабзэми и къежьапIэщ. Псалъэм хуэсакъыу ирагъажьэ, тхылъым щыхуэсакъым щыщIэдзауэ. ХъыбарыфIхэр зэрыт тхылъ лъапIэр члисэ тыхь щIапIэм деж ауэ щахъумэкъым, дэри а тхылъ лъапIэм псом хуэмыдэу дыхуосакъ».
Къэпсэлъахэм къыхагъэщащ иджырей зэманым электрон тхылъхэм мыхьэнэ зэраIэр, хъыбархэр къыщалъыхъуэкIэ псом хуэмыдэу, ауэ печатнэ тхылъхэр абыхэм я пIэ зэримыувэфынур. Библиотекэм и лэжьакIуэхэр зэхъуэжащ щIалэгъуалэр чристэн щэнхабзэм зэрыхашэ IэмалхэмкIэ – выставкэхэмкIэ, зэIущIэхэмкIэ, зэпсэлъэныгъэхэмкIэ. Архиепископ Феофилакт упщIэхэм жэуап иритащ.
Псыхуабэ епархием чристэн тхылъым и махуэм треухуэ Iуэхугъуэ зэмылIэужьыгъуэхэр. чристэн литературэхэмкIэ библиотекэ фондхэр къызэгъэпэщынри хыхьэу. «Заказ къызэратым теухуауэ абыхэм къахэзгъэхъуэну сыщIохъуэпс», - жиIащ Пастыр нэхъыщхьэм.
ЗэIущIэм хыхьэу библиотекэхэм я лэжьакIуэхэм жаIащ балигъхэмрэ сабийхэмрэ я деж щIэупщIэ нэхъыбэ зиIэ тхылъхэр зыхуэдэр. Псом хуэмыдэу щихъхэм я гъащIэр къыщыхьа тхылъ щхъуэкIэплъыкIэхэм хуэныкъуэщ. Тхылъ гъэщIэгъуэнхэм я экземпляр зыбжанэ щIыналъэм и библиотекэхэм хуашащ Псыхуабэ епархием къыбгъэдэкIыу.