Чристэн тхылъым и махуэм траухуащ Черкесск гимназием и дерс зэIухахэр

15.03.2019
Просмотры: 1889

2019 гъэм гъатхэпэм и 14-м Черкесск и Свято-Сергиевскэ гимназием дерс зэIуха щрагъэкIуэкIащ, Урысейм япэ тхылъыр къызэрыщыдагъэкIам теухуауэ. Абы хэтащ гимназием и япэ, етIуанэ классхэм щеджэхэр, егъэджэныгъэмкIэ центр №11-м и еянэ классым щIэсхэр.

ЕгъэджакIуэ щоджэн Гурин Александр къардэн Фёдоров Иван и лэжьыгъэхэм тепсэлъыхьащ, япэ тхылъыр къызэрыдэкIам, тхылъ уеджэным и мыхьэнэм. Псом хуэмыдэу ныбжьыщIэхэм гъэщIэгъуэн ящыхъуащ ди япэ ита нэхъыжьхэр зэрытхэу щытахэр, мазэ, илъэс зыбжанэкIэ тхылъ зытхыу щытахэр. ЕджакIуэхэм къащIащ Уысейм япэу монаххэр щытхэу зэрыщытар. ЕджакIуэхэм зыхагъэгъуэзащ печатнэ станокыр къызэрыунэхуам и тхыдэм. Дерс нэужьым сабийхэр еплъащ Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт и библиотекэм щыщ тхылъхэм.

1889
Фотогалерея