Къэрэшей-Шэрджэсым Масленицэр щагъэлъэпIащ

10.03.2019
Просмотры: 2393

ГъэшхэкI щашх тхьэмахуэм и иужьрей махуэхэм Преграднэ, Сторожевой, Кардоникскэ станицэхэм махуэшхуэхэр щрагъэкIуэкIащ. 2019 гъэм гъатхэпэм и 7-м уэс къесащ, Къэрэшей-Шэрджэсым щIымахуэ псом къызэрыщемысар иригъэкъужу. Махуэшхуэм хэтхэм я гукъыдэжыр абы къиIэтащ. ЗанщIэу Уае Дадэхэр ящIащ ныбжьыщIэхэм, Iэжьэ къежэхащ. Станицэхэм я члисэхэм я щоджэнхэр къэзакъхэм ехъуэхъуащ икIи ягу къигъэкIыжащ къапэщылъ НэщI иныр.

2393
Фотогалерея