Май къалэм и къэзакъхэр тепсэлъыхьащ щIалэгъуалэм я гъэсэныгъэм

05.03.2019
Просмотры: 2459

2019 гъэм гъатхэпэм и 3-м Май къалэм (КъБР) щекIуэкIащ Май районым и къэзакъ зэгухьэныгъэм и зэIущIэ. Зэхыхьэм хэтащ къалэ, район администрацэхэм я лIыкIуэхэр, станицэм и екIуэлIапIэхэм я унафэщIхэр. ТхьэлъэIур иригъэкIуэкIащ Налшык члисэ окргым и благочиннэм къэзакъхэм ядэлэжьэнымкIэ и дэIэпыкъуэгъу щоджэн Арманов Николай. Зэхыхьэм хэтхэр арэзы техъуащ атаманхэм я отчёт къэзакъ зэгухьэныгъэм и лэжьыгъэм теухуар, блэкIа илъэсхэм зэфIагъэкIахэр къыщызэщIакъуэжар. Псом хуэмыдэу къэзакъхэмрэ щоджэнхэмрэ гулъытэ нэхъыбэ хуащIащ къэзакъ щIалэгъуалэм я гъэсэныгъэм.

2459
Фотогалерея