Псыхуабэ щекIуэкIащ IV Сретенскэ щIалэгъуалэ зэхуэсыр

17.02.2019
Просмотры: 2891

2019 гъэм мазаем и 16-м IV Псыхуабэ епархием и чристэн щIалэгъуалэм и Сретенскэ зэхуэсыр тхьэлъэIурэ тхьэлъэIу литургиекIэ щрагъэжьащ Псыхуабэ и Спасскэ кафедральнэ члисэ зэхуэхьэсам. Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт тхьэлъэIур иригъэкIуэкIащ. Щоджэн нэхъыщхьэм къулыкъур драгъэкIуэкIащ Псыхуабэ епархием и ЩIалэгъуалэ къудамэм и унафэщI щоджэн Яковенкэ Илиярэ благочиннэм щIалэгъуалэм ядэлэжьэнымкIэ и

дэIэпыкъуэгъухэмрэ. ХъыбарыфIхэр зэрыт тхылъ лъапIэм итхэм къеджа нэужь фIэщхъуныгъэ зиIэхэм узэщIыныгъэкIэ захуигъэзащ. Зэхуэсым хэтахэм Христос и щэхухэм зыхагъэгъуэзащ.

Кафедральнэ члисэ зэхуэхьэсам и Щалэгъуалэ центрым Псыхуабэ епархием и благочиниехэм щыщу щызэхуэса чристэн щIалэгъуалэр IущIащ архиепископ Феофилакт, зэхуэсым хэтхэм гаджетхэм, цIыхухэр зэпсэлъэным, гъащIэм щызэрыгъэныбжьэгъуным яхутепсэлъыхьащ. Пастыр нэхъыщхьэм щIалэгъуалэр едэIуащ икIи зыгъэгузавэ Iуэхугъуэхэм теухуа упщIэхэр иратащ, Члисэм щIалэгъуалэм щаIэ увыпIэри хыхьэу.

Зэхуэсым хэтахэм зэгъусэу сурэт зытрагъэхащ. Епархием и щIалэгъуалэ центрым мастер-класс щатащ. Утыкуих лэжьащ – Iэнэр зэрыбгъэхьэзырынум, шхыныгъуэхэр зэрыпщIынум, арт-утыку, дизайн, члисэ удз гъэгъахэр, каллиграфие. УнэтIыныгъэ дэзыхьэххэр щIалэгъуалэм къыхахащ икIи я щIэныгъэм хагъэхъуащ. Зэхуэсыр щIэщыгъуэу къызэрагъэпэщащ икIи абы хэтахэм ягу ирихьащ.

2891
Фотогалерея