Псыхуабэ и щоджэнхэр жылагъуэ зэхыхьэм хэтащ

16.02.2019
Просмотры: 2723

Мы махуэхэм Псыхуабэ и члисэхэм я щоджэнхэмрэ екIуэлIапIэхэм кIуэхэр, муслъымэнхэм я дин IуэхущIапIэм и лIыкIуэхэр хэтащ жылагъуэ зэхуэсым: «Угрозы и вызовы обществу, культуре, образованию, традициям народов в современной России». Ар къызэрагъэпэщащ щIыналъэм и жылагъуэм. Зэхуэсым

хэтхэр тепсэлыъхьащ сабийхэм я гъэсэныгъэм, егъэджэныгъэм хэлъ Iуэху зэIумыбзхэм, иджырей лъапIэныгъэхэм. Кавказ Ищхъэрэм и щIалэгъуалэм ЛГБТ къыхуеджэныгъэр, социальнэ сайтхэр я шынагъэу къагъэлъэгъуащ.

ЗэIущIэм къыщыпсэлъащ: Урысейм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэт Медведевэ Иринэ, демографие шынагъуэншагъэмкIэ институтым и унафэщI Шишовэ Татьянэ, тхыдэ щIэныгъэхэм я кандидат Четвериковэ Ольгэ, Москва къалэм и Думэм унагъуэмрэ сбаийхэмрэ къащхьэщыжынымкIэ и лэжьакIуэ гупым и унафэщI Мишустин Николай.

Чристэн щоджэнхэм я цIэкIэ къэпсэлъащ Псыхуабэ члисэ округым и екIуэлIапIэхэм я благочиннэ щоджэн нэхъыжь Дубинский Борис. Абы гулъытэ хуригъэщIащ дин IуэхущIапIэхэмрэ школхэмрэ зэдэлэжьэн зэрыхуейм сабийхэм я гъэсэныгъэм и лъэныкъуэкIэ. Къэбгъэлъагъуэмэ, чристэн щэнхабзэм и лъабжьэмрэ къызэрыгуэкI дуней тетыкIэмкIэ дерсым хыхьэу.

Къызэхуэсахэм ябзыщIакъым цIыхубзхэм е цIыхухъухэм я зэпыщIэныгъэм къызэрыхураджэр, унагъуэ, щэнхабзэ лъапIэныгъэхэр зыщамыгъэгъупщэну щIалэгъуалэм зыхуагъазэу. Зэхыхьэм хэтхэм к лъэпкъхэм апхуэдэ къыхуеджэныгъэхэр зэрабийр.

2723
Фотогалерея