Прохладнэм ягу къыщагъэкIыжащ къалэр фашист зэрыпхъуакIуэхэм къыIэщIэзыхыжахэр

28.01.2019
Просмотры: 2307

2019 гъэм щIышылэм и 25-м Прохладнэ къалэм и фэеплъым деж, къалэм и унафэщIхэмрэ абы щыпсэухэмрэ, жылагъуэ лэжьакIуэхэр, дзэм къулыкъу щызыщIэхэр хэту пэкIу щекIуэкIащ, Прохладнэ районыр фашист зэрыпхъуакIуэхэм къызэрыIэщIахыжрэ илъэс 76-рэ, Ленинград блокадэр зэрыIуахрэ илъэс 75-рэ щрикъум ирихьэлIэу. Къызэхуэсахэр къыщыпсалъэм, къалэм и Никольскэ члисэ зэхуэхьэсам и щоджэн Еремеев Андрей хыхьэу, ягу къагъэкIыжащ зэрахьа лIыгъэр, хахуагъэр, совет лъэпкъым и зэкъуэтыныгъэр.

Мамыр цIыху лажьэншэ яукIахэмрэ зауэлIхэмрэ зы дакъикъэкIэ яхуэщыгъуэри ягу къагъэкIыжащ, Хэкум зи псэ щIэзытахэр. ПэкIум хэтхэм удз гъэгъахэр тралъхьащ Прохладнэ къалэм щыпсэуf Совет Армэм и зауэлIхэм, Прохладнэ къалэр щхьэхуит къыщащIыжым Полтавскэ танк училищэм и курсант, командир хэкIуэдахэм я фэеплъым деж.

2307
Фотогалерея