2019 гъэм щIышылэм и 24-м, Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт, лъэпкъ гъэкIуэдыр зэрырагъажьэрэ илъэси 100 щрикъум ирихьэлIэу, Псыхуабэ и члисэхэм я щоджэнхэр щIыгъуу, Псыхуабэ и Лазаревскэ члисэм пэгъунэгъу я щхьэхэр щыхуагъэщхъ Жорым деж лъэпкъ гъэкIуэдым хэкIуэда къэзакъхэм папщIэ ТхьэлъэIу щрагъэкIуэкIащ. Щоджэн нэхъыщхьэм и гъусэу тхьэлъэIум хэтащ къэзакъхэр, къэзакъ школ №19-м и еджакIуэхэр.
ТхьэлъэIум и пэ къихуэу Пастыр нэхъыщхьэм къызэхуэсахэм фIыщIэ яхуищIащ я нэхъыжьхэм я фэеплъыр зэрызыщамыгъэгъупщэм папщIэ. ПэкIу нэужьым къызэхуэсахэм зэгъусэу сурэтхэр зытрагъэхащ.
***
2019 гъэм щIышылэм и 24-м РКП (б)-м и ЦК-м и Оргбюром и «Къэзакъ районхэм жэуаплыныгъэ зыхэлъу щылажьэ ныбжьэгъу пэжхэм яхуэгъэзауэ» директивэ щэхур къащтауэ щытащ, къэзакъхэм лъэпкъ гъэкIуэдыр къахуэгъэкIуэным щIэдзапIэ хуэхъуар. Лъэпкъ гъэкIуэдым хэкIуэдащ мин 800-м щыщIэдзауэ мелуанрэ мин щитIрэ тхущIым нэблагъэ.