Епархием и паломническэ IуэхущIапIэм фIыщIэ хуащIащ

22.01.2019
Просмотры: 3449

Тхьэм и нэфI зыщыхуа Кавказым и лъапIэныгъэхэм я программэр Урысейм исхэмрэ КъуэкIыпIэ Гъунэгъумрэ Жыжьэмрэ щыпсэухэмрэ нэхъри яфIэгъэщIэгъуэн мэхъу. Ди щIыналъэм и щхьэхуэныгъэхэм, Кавказ Ищхъэрэм и чристэн тхыдэм, щэнхабзэм, абы и члисэжьхэм, Афон къулъшырыфхэм, щIыуэпсым и тыгъэхэм Тхьэм елъэIунухэр кърешалIэ.

Псом хуэмыдэу воронеждэсхэм ягу дохьэ. Зэрыжыжьэми емылъытауэ, Воронеж епархием и къудамэм къызэригъэпэща гупхэр Кавказым и лъапIэныгъэхэм щIэх-щIэхыурэ къокIуэ.

Воронеж епархием и паломническэ къудамэм и унафэщI щоджэн нэхъыжь Моздор Сергий фIыщIэ къигъэхьащ «Кавказский Паломник» ПС-м и унафэщI Логвиненкэ Ларисэ, экскурсовод Боголюбов Валерий сымэ щIэныгъэ зэрабгъэдэлъым, гулъытэ зэраIэм, Чристэн диным, Кавказым и Минводы и къалэхэм я тхыдэ-щэнхабзэ гъащIэм фIыуэ зэрыхащIыкIым папщIэ.

Кавказым хьэщIэр – Тхьэм и лIыкIуэу къыщалъытэ, мамырыгъэрэ тхьэлъэIурэ щIыгъуу къэкIуар. Ар кърагъэблэгъэным, IэфIу ягъэшхэным, нэхъыфI дыдэр ирагъэлъэгъуэным къыдэкIуэу я лъагъуныгъэр ябгъэдэтлъхьэну дыхущIокъу. Ди деж къакIуэ псоми фIыщIэ яхудощI, ди зыплъыхьакIуэхэр зигу дыхьэхэм.

3449
Фотогалерея