2019 гъэм щIышылэм и 19-м Богоявления махуэшхуэм Иноземцевэ къуажэм и Предтеченскэ члисэм и пщIантIэм купель щагъэуващ, екIуэлIапIэм кIуэхэм псы гъэнэхуам зыщагъэпскIын папщIэ. Сочельникым ирихьэлIэу, загъэпскIа нэужь, екIуэлIапIэм кIуэхэр удз шей ирагъэфащ, IэфIыкIэхэр щIыгъуу. Махуэшхуэм гупыж зыщIа псоми купелым зыщагъэпскIащ, псыр ягъэнэхуащ, шей IэфIыкIэхэр щIыгъуу ефащ.
ЕкIуэлIапIэм кIуэхэм папщIэ IэфIыкIэхэр ягъэхьэзыращ члисэм и лэжьакIуэхэм, абыхэм сыт щыгъуи къадэIэпыкъу къэзакъхэр ящIыгъуу, члисэ пщIантIэм шхыныгъуэхэр щызыгъэхьэзырахэр.