Хъуромэ махуэшхуэхэм пащэ

19.01.2019
Просмотры: 2393

Епархием и екIуэлIапIэхэмрэ социальнэ IуэхущIапIэхэмрэ Хъуромэ махуэшхуэхэм щыпащэ. Языныкъуэ махуэшхуэхэм дытепсэлъыхьынщ. 2019 гъэм щIышылэм и 19-м Винсанды къалэм Тхьэм и Уэхьий Михаил и цIэр зезыхьэ екIуэлIапIэм и тхьэмахуэ школым и гъэсэнхэр щыIащ жьы хъуахэм я унэм щыIэхэм я деж. Къызэхуэсахэм ныбжьыщIэхэр Христос и хъуромэ махэушхуэмкIэ ехъуэхъуащ икIи цылъэпэдхэр тыгъэ хуащIащ.

А махуэ дыдэм ЕссэнтIыгу къалэм и Троицэ члисэм и тхьэмахуэ школым и Христос и хъуромэ махуэшхуэр щагъэлъэпIащ. Члисэм и унафэщI щоджэн Букарев Андрей сабийхэм, абыхэм я адэ-анэхэм, екIуэлIапIэм кIуэхэм ехъуэхъуащ икIи къызэхуэсахэм узыншагъэ, ехъулIэныгъэ яIэну ехъуэхъуащ. Тхьэмахуэ школым и гъэсэнхэм я Iыхьлыхэм, члисэм екIуалIэхэм махуэшхуэ концерт хуагъэхьэзыращ икIи унафэщIым къыбгъэдэкI саугъэтхэр иратащ.

Апхуэдэу а махуэм Железноводск и Покров члисэм, екIуэлIапIэм и тхьэмахуэ школым и гъэсэнхэм зыкъагъэлъэгъуащ, езыхэм махуэшхуэм ирихьэлIэу ягъэхьэзыра сурэтхэр утыку щагъэлъэгъуащ. Щоджэнхэм фIыщIэ хуащIащ концертыр къызэгъэпэщыным хэлъхьэныгъэ хуэзыщIахэм, ныбжьыщIэхэм саугъэтхэр иратащ.

Екатериноградскэ станицэм 2019 гъэм щIышылэм и 13-м щекIуэкIащ «Хъуромэ мелыIыч» VII сабий фестивалыр. Абы хэтащ Псыхуабэ и тхьэмахуэ школипщI, Къэбэрдей-Балъкъэрым и члисэхэр, станицэм и музыкэ школыр. Гуащэ спектаклыр, теплъэгъуэхэр литератруэ-макъамэ композицэр, усэхэр, колядкэхэр кърихьэлIахэмрэ хьэщIэхэмрэ ягу дыхьащ. Махуэшхуэр щиухым насыпырыхь джэгур къыхалъхьащ икIи Iэнэ ягъэуващ.

2019 гъэм щIышылэм и 15-м, ЕссэнтIыгу къалэм и курыт еджапIэ №4-м и школ администрацэм иригъэблагъэри, Троицкэ члисэм и унафэщI щоджэн Букарев Андрей 4 классым щIэсхэм яхутепсэлъыхьащ Христос и хъуромэ махуэшхуэм. ЕджакIуэхэм махушхуэ программэ ягъэхьэзыращ. Щоджэным зэхыхьэм хэтхэм «Азбука православия» тхылъыр тыгъэ яхуищIащ.

2019 гъэм щIышылэм и 16-м Нэфхэм я урысейпсо зэгухьэныгъэм Къэрэшей-Шэрджэсым щиIэ къудамэм Черкесск и Никольскэ члисэ зэхуэхьэсам и клирик щоджэн Гурин Александр Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт къыбгъэдэкI саугъэтхэр яритащ. ВОС-м и нэIэм щIэтщ зи нэм фIыуэ имылъагъу сабий 40. Къудамэм и унафэщI Дубовик Сергей Щихънагъым фIыщIэ хуищIащ ныбжьыщIэхэм зэрадэIэпыкъум папщIэ.

Махуэшхуэм ирихьэлIэу Лермонтовэ къалэм и «Родничок» сабий гъэсапIэ №13-м махуэшхуэ зэхыхьэ щекIуэкIащ. НыбжьыщIэхэм ирагъэблэгъащ щоджэн нэхъыжь Фаустов Константин, Лермонтовскэ члисэ округым и екIуэлIапIэхэм я благочиннэр, илъэс зыбжанэ хъуауэ сабий гъэсапIэм и ныбжьэгъур, адэ-анэхэм я

зэIущIэхэм хэтыр. Сабий гъэсапIэм чристэн гупжьей щызэхэтщ, сабийхэр екIуалIэу. Сабийхэмрэ балигъхэмрэ, адэ-анэхэмрэ гъэсакIуэхэмрэ, щоджэныр яхэту Хъуромэ зэхыхьэм зэхуишэсащ.

Новоблагодарнэ къуажэм и Покров члисэм махуэшхуэм сабийхэр щрагъэблэгъащ. Хъуромэ концертым хэтащ сабий гъэсапIэм и гъэсэнхэр, тхьэмахуэ, къуажэ школхэм екIуалIэхэр, ЩэнхабзэмкIэ унэм и гъэсэнхэр. ЕкIуэлIапIэм кIуэхэр тропарым ирагъэдэIуащ, усэ къахуеджащ, Христос и хъуромэм теухуа теплъэгъуэхэм ирагъэплъащ. Члисэм и унафэщI щоджэн нэхъыжь Углов Сергей дэтхэнэ зы сабийми зэрызыкъигъэлъэгъуар щхьэхуэу къыхигъэщхьэхукIащ. Щоджэным фIыщIэ лей хуищIащ егъэджакIуэхэм, зи къарумрэ щIэныгъэмрэ ныбжьыщIэхэм езыхьэлIэхэм.

Христос и хъуромэ махуэшхуэм Греческэ къуажэм и Георгиевскэ екIуэлIапIэм, алыджхэм я Минераловодскэ зэгухьэныгъэм «Рождественская встреча» махуэшхуэр щагъэлъэпIащ. Члисэм и унафэщI щоджэн Пронь Алексей хьэщIэхэм махуэшхуэмкIэ ехъуэхъуащ, абы чристэным дежкIэ иIэ тхыдэмрэ и мыхьэнэмрэ яхутепсэлъыхьащ. ИужькIэ нэгузыужь программэр ирагъэжьащ.

2019 гъэм щIышылэм и 17-м Псыхуабэ къалэм и школ №16-м щекIуэкIащ сабий творчествэмкIэ «Свет Вифлеемской звезды» Хъуромэ фестивалыр. Абы хэтащ Псыхуабэ благочинием и тхьэмахуэ школхэм я гъэсэнхэр, Псыхуабэ къалэм и курыт еджапIэхэм я еджакIуэхэр. Псыхуабэ округым и члисэхэм я благочиннэ щоджэн нэхъыжь Дубинский Борис сабий творчествэмкIэ хъуромэ фестивалыр къызэрызэIуахам арэзы техъуащ. Фестивалым и программэр гъэщIэгъуэн хъуащ, Христос и хъуромэр ягъэлъапIэу. «Свет Вифлеемской звезды» хъуромэ фестивалым хыхьэу ягъэлъэпIащ къалэм и «Светлое Рождество Христово» Хъуромэ гъэлъэгъуэныгъэм пашэ щыхъуахэр. Артист ныбжьыщIэхэм махуэшхуэ саугъэтхэр тыгъэ хуащIащ.

2393
Фотогалерея