2019 гъэм щIышылэм и 14-м Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт тхьэлъэIу литургие щригъэкIуэкIащ Псыхуабэ и Спасскэ кафедральнэ члисэ зэхуэхьэсам. Щоджэн нэхъыщхьэм къулыкъур драгъэкIуэкIащ члисэ зэхуэхьэсам и клирикхэмрэ къэзакъ зэгухьэныгъэхэм я щоджэнхэмрэ, епархием и Iэгъуэблагъэм щыIэхэм. ТхьэлъэIум хэтащ КИФЩI-м и къалащхьэм щыпсэухэмрэ абы и хьэщIэхэмрэ, тхыдэ узэщIыныгъэм и Iуэху зэIумыбзхэм ехьэлIа япэ зэIущIэм хэтахэр. ХъыбарыфIхэр зэрыт тхылъ лъапIэм итхэм къеджа нэужь, Щихънагъ нэхъыщхьэм фIэщхъуныгъэ зиIэхэм узэщIыныгъэкIэ зыхуигъэзащ.
Тэрч зэгухьэныгъэр къызэрыунэхурэ илъэси 110-рэ щрикъум, къэзакъ щэнхабзэр фIыуэ зылъагъухэм ар къагъэщIэрэщIэжащ илъэсиплI ипэкIэ, Псыхуабэ епархием и гъусэу зэIущIэ иригъэкIуэкIащ, тхыдэ узэщIыныгъэм и Iуэху зэIумыбзхэм ехьэлIауэ. Абы ирагъэблэгъащ щоджэнхэр, щIэныгъэлIхэр, атаманхэр, тхакIуэ Бутенкэ Владимир, Лобовэ Тамарэ. Зэхыхьэм и лэжьыгъэр иригъэкIуэкIащ архиепископ Феофилакт.
Архипастырым зэхыхьэр къэзакъ щэнхабзэр фIыуэ зылъагъухэм я къарур зэщIагъэуIуэнымкIэ зэрылъэбакъуэфIыр жиIащ. «Тэрч къэзакъхэм я щэнхабзэр ф1ыуэ зылъагъухэм я зэгухьэныгъэ» фондым и унафэщI хъуащ Щихънагъыр. Фондым и унафэщI къулыкъур гъэзэщIэным пищэжащ Минераловодскэ районым и къэзакъ зэгухьэныгъэм и атаман Губенкэ Олег. Ар фондым и лэжьыгъэм тепсэлъыхьащ, епархием и гъусэу школ тхыдэ рефератхэм я "Евдокимовские чтения" зэпеуэмрэ къэзакъ щэнхабзэмкIэ «Губинские чтения» фестиваль-зэхьэзэхуэмрэ къызэзыгъэпэщым. Мы гъэм къыдагъэкIыну яубзыхуащ «Терский сборник» еплIанэ къыдэкIыгъуэр. Ар теухуауэ щытынущ Граждан зауэм и зэманым къэзакъхэм я тхыдэр. Къызэхуэсахэм захуигъэзащ Тэрч къэзакъыдзэм и щоджэн нэхъыжь Самойленкэ Павел.
Зэхыхьэм щызэпсэлъащ. Ар теухуауэ щытащ тхыдэ щIэинхэр къэблагъэ щIэблэм я деж нэхьэсыным. ТхакIуэ Лобовэ Тамарэ къэзакъ тхыдэм теухуа тхылъ къыдигъэкIыну къыхилъхьащ щIыналъэм и школхэм папщIэ. ЩIыналъэм тхыдэ узэщIыныгъэм зыщегъэужьыным теухуа нэгъуэщI Iуэху еплъыкIэхэри утыку кърахьащ