Члисэ зэхуэхьэсам и волонтёрхэм саугъэтищэм щIигъу ятащ

09.01.2019
Просмотры: 2100

2019 гъэм щIышылэм и 19-м Черкесск и Никольскэ члисэ зэхуэхьэсам и волонтёрхэр щыIащ Черкесск и Сабий унэмрэ жьы хъуахэмрэ ныкъуэдыкъуэхэмрэ я Республикэ интернатымрэ икIи сабийхэмрэ нэхъыжьхэмрэ Христос и ХъуромэмкIэ ехъуэхъуащ. Волонтёрхэм я гъусащ члисэ зэхуэхьэсам и щоджэн Гурин Александр. Ар махуэшхуэм тепсэлъыхьащ, узыншагъэ, ехъулIэныгъэ яIэну ехъуэхъуащ, екIуэлIапIэм кIуэхэм ягъэхьэзырахэр, «Хъуромэ хуабэ» Iуэхум хыхьэу зэхуахьэса фэилъхьэгъуэхэр. Ар нэхъыжьхэмрэ сабийхэмрэ папщIэ щIымахуэ щыгъыныгъуэхэрщ. Волонтёрхэм IэфIыкIэхэр ягуэшащ, щэм щIигъуу.

2100
Фотогалерея