Псыхуабэ Хъуромэр

08.01.2019
Просмотры: 3519

2019 гъэм щIышылэм и 7-м апхуэдэ фIэщыгъэ зиIэ махуэшхуэр япэу КИФЩI-м и къалащхьэм и ут нэхъыщхьэм щрагъэкIуэкIащ къалэ администрацэмрэ Псыхуабэ епархиемрэ. Пщыхьэщхьэ тхьэлъэIу нэужьым Спасскэ кафедральнэ члисэ зэхуэхьэсам архиепископ Феофилакт къалэм и тхьэмахуэ школхэм я гъэсэнхэм я гъусэу зэгъусэ тхьэлъэIукIэ махуэшхуэм и хэщIапIэм нэс кIуащ, уэрэдрэ гуфIэгъуэкIэ къащыIущIам нэс. Утым къалэдэсхэр куэду щызэхуэсащ.

Къызэхуэсахэм хъуэхъукIэ зыхуагъэзащ архиепископ Феофилактрэ Псыхуабэ Думэм и УнафэщI Похилько Людмилэрэ. «Хъуромэ бгъуэнщIагъ нобэ хъуащ къалэм и ут нэхъыщхьэр. А бгъуэнщIагъым афIэкI блын иIэкъым. Си дэлъхухэ, шыпхъухэ! Мыбдеж шынагъи кIыфIыгъи щыIэкъым. Мыбдеж къалэм и унагъуэшхуэр, хьэщIэхэр, ныбжьэгъухэр щызэхуэсащ! Христос и хъуромэ махуэшхуэмкIэ псоми дынывохъуэхъу икIи гуфIэгъуэ, гугъэ, фIэщхъуныгъэ, лъагъуныгъэ Тхьэм къывитар фиIэну!», - жиIащ архиепископ Феофилакт.

ИужькIэ концертыр ирагъэжьащ, абы хыхьэу Щихънагъыр къалэдэсхэм епсэлъащ, сабийхэми балигъхэми епсэлъащ. Дэтхэнэми Христос и ХъуромэмкIэ ехъуэхъуащ. Махуэшхуэр щиухым Псыхуабэ и ут нэхъыщхьэм хьэрэкIытIэхэр щагъэлъэтащ.

3519
Фотогалерея