ИлъэсыщIэм и пэ къихуэу Псыхуабэ епархием и «12 праздников» социально-щэнхабзэ центрым къыщызэIуахащ Уае Дадэм и хэщIапIэ. Минводы и чристэн щIалэгъуалэм, центрым и волонтёрхэм къалэм и Никольскэ члисэм и тхьэмахуэ школым и гъусэу ягъэхьэзыращ теплъэгъуэхэр. ХэщIапIэм и хьэщIэхэм таурыхъым къыхэщ лIыхъужьхэм я гъусэу уэрэд жаIащ, къэфащ, уэс джэгуащ. Псоми гукъыдэж яIэт икIи Уае Дадэм и саугъэт къаIэрыхьащ.