2018 гъэм дыгъэгъазэм и 27-м Псыхуабэ Лъэпкъ щэнхабзэм и унэм псапащIэ илъэсыщIэ махуэшхуэр щагъэлъэпIащ хэхэс лъэпкъхэм я сабийхэм папщIэ. Дзитиевэ Эммэ иригъэблагъэри, махуэшхуэм хэтащ Спасскэ кфаедральнэ члисэ зэхуэхьэсам и щоджэн Ендовицкий Сергий.
ЗэIущIэм и пэ къихуэу щоджэным Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт къыбгъэдэкI хъуэхъур ялъигъIэсащ, къызэхуэсахэм къэблагъэ махуэшхуэмрэ хъуромэмкIэ ехъуэхъуащ.
Махуэшхуэ программэр ирагъэжьащ. Ар щиухым Сергий, Уае Дадэм, Уае Гуащэм сабийхэм IэфIыкIэхэр иратащ, Спасскэ члисэ зэхуэхьэсам къыбгъэдэкIыу.