Архиепископ Феофилакт матушкэхэм яIущIащ

28.12.2018
Просмотры: 2963

2018 гъэм дыгъэгъазэм и 28-м Псыхуабэ епархием и унэм гъэ къэси хуэдэу Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт дунейм ехыжа щоджэнхэм я щхьэгъусэхэм, бынунагъуэшхуэ анэхэм яIущIащ. Ахэр Тхьэм фIыщIэ хуэщIыным, члисэ хабзэхэр къызэрежьамрэ ахэр зэрагъэзащIэмрэ, сабийхэм я гъэсэныгъэм, щIыналъэ лъапIэм Тхьэ елъэIуну зэрыкIуэнум тепсэлъыхьахэщ. Хабзэ зэрыхъуауэ, зэIущIэр и кIэм щынэблагъэм саугъэтхэр ятащ. Зэхыхьэм хэтащ дэIэпыкъуныгъэ хуэныкъуэ щоджэнхэм, члисэм къулыкъу щызыщIэхэм, абыхэм я унагъуэм щыщхэм я нэIэ трагъэтынымкIэ Епархием и Советым и комиссэм и унафэщI щоджэн нэхъыжь Панасенкэ Алексий.

2963
Фотогалерея