2018 гъэм дыгъэгъазэм и 16-м Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт тхьэлъэIу литургие щригъэкIуэкIащ Псыхуабэ и Спасскэ кафедральнэ члисэ зэхуэхьэсам. Щоджэн нэхъыщхьэм къулыкъур драгъэкIуэкIащ члисэ зэхуэхьэсам и клирикхэм. Пастыр нэхъыщхьэм Тхьэ делъэIуну къызэхуэсащ Псыхуабэ щыпсэухэмрэ абы и хьэщIэхэмрэ.
ХъыбарыфIхэр зэрыт тхылъ лъапIэм итхэм къеджа нэужь, Щихънагъым фIэщхъуныгъэ зиIэхэм узэщIыныгъэкIэ захуигъэзащ. ТхьэлъэIу литургие нэужьым архиепископ Феофилакт фIыщIэ тхьэлъэIур иригъэкIуэкIащ Спасскэ члисэ зэухэхьэсар Москварэ Урысей псомрэ я Патриарх Кирилл 2012 гъэм къызэригъэнэхуам и фэеплъу.
ТхьэлъIэу нэужьым, щихънагъыр екIуэлIапIэм кIуэхэм ЩIалэгъуалэ центрым щепсэлъащ.