2018 гъэм дыгъэгъазэм и 14-м Лермонтовэ къалэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм щекIуэкIащ Епархием и «Молодёжь: свобода и ответственность»VIII Хъуромэ щIэныгъэ къеджэныгъэхэм я пленар зэIущIэр. Зэхыхьэм щызэхуэсащ щоджэнхэр, чристэн щэнхабзэм и лъабжьэхэм я егъэджакIуэхэр, тхьэмахуэ школхэм я егъэджакIуэхэмрэ гъэсакIуэхэмрэ.
Къеджэныгъэхэм и пэ къихуэу зэхыхьэм хэтхэм фIэхъус ярихащ Ставрополь крайм, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым щыщ министрхэм, Лермонтовэ къалэм и Iэтащхьэм. ОПК-р зэрырагъэджым, щхьэхуитынгъэмрэ жэуаплыныгъэмрэ теухуа доладхэр ящIащ Черкесск къалэм ЕгъэджэныгъэмкIэ и центр №11-м и унафэщI Ляшовэ Еленэрэ КъБР-м и Парламентым и ЩIалэгъуалэ палатэм и лIыкIуэ Ащхъуэт Алинэрэ.
Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископым и псалъэр триухуащ: «Щхьэхуитыныгъэмрэ жэуаплыныгъэмрэ, щIалэгъуалэм я дежкIэ лъапIэ щхьэхуитыныгъэмрэ жэуаплыныгъэмрэ зэрызэгурагъэIуэнум. Абы и жэуапыр щэнхабзэм и чристэн лъабжьэхэр яджынырщ, лъагъуныгъэр щытепщэ Iуэху еплъыкIэр яубзыхунырщ», - жиIащ Пастыр нэхъыщхьэм. Щихънагъ нэхъыщхьэм пленар зэIущIэм щыжиIахэм нэхъ зыубгъуауэ ди сайтым фыкъыщеджэфынущ.
Зэхыхьэр зэхуащIыжащ «Чристэн щэнхабзэм и лъабжьэмкIэ егъэджакIуэ нэхъыфI» зэпеуэмрэ «Тхьэм и дунейм и дахагъэр» зэхьэзэхуэмрэ пашэ щыхъуахэм саугъэтхэр ирату.