Налшык щекIуэкIащ щIалэгъуалэ зэхуэс

10.12.2018
Просмотры: 2909

2018 гъэм дыгъэгъазэм и 8-9-хэм Налшык щекIуэкIащ «Къэбэрдей-Балъкъэрыр – зэгурыIуэм и щIыналъэщ» республикэ зэхуэсыр. Ар къызэригъэпэщащ Граждан жылагъуэ институтхэм ядэлэжьэнымрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ Министерствэм, Псыхуабэ еапрхиемрэ КъБР-м ис Муслъымэнхэм я дин IуэхущIапIэмрэ и дэIэпыкъуэгъуу.

Зэхуэсыр къыхэзылъхьам я къалэн нэхъыщхьэр дин зэмылIэужьыгъуэхэм яку дэлъ зэхущытыкIэхэм зегъэужьынырщ. Псыхуабэ университетым щыщ, КъБР-м и аграрнэ университетым, Кавказ Ищхъэрэ муслъымэн университетым, КъБР-м и «Мир всем» чристэн щIалэгъуалэ центрым щыщ цIыху 45-рэ.

КъызэгъэпэщакIуэхэм абыхэм къалэн щащIащ социальнэ мыхьэнэ зиIэ IуэхущIапIэхэм хэтыну, хъыбар шынагъуэншагъэхэр зэбграгъэхыну, МЧС-м и лэжьакIуэхэм ядэIэпыкъуну.

Зэхуэсым хэтхэм зыхагъэгъуэзащ КъБР-м и дин нэхъыщхьэхэм я гъащIэм, члисэ зэхуэхьэсам, мэжджытым зыщаплъыхьри.

2909
Фотогалерея