Щоджэнхэр хэтащ щIыналъэм и щIалэгъуалэ зэхуэсым

10.12.2018
Просмотры: 2237

Минераловодскэ члисэ округым и екIуэлIапIэхэм я благочиннэ щоджэн нэхъыжь Панасенкэ Алексий, Иноземцевэ къуажэм Предтечи Иоанн и цIэр зезыхьэ и члисэм и унафэщI щоджэн нэхъыжь Великородный Павелрэ Иноземцевэ къуажэм Тхьэм и Анэм и Успения члисэм и унафэщI Пытайло Иоаннрэ хэтащ «Современная молодёжь – будущее Ставропольского края»

щIалэгъуалэ зэхуэсым, 2018 гъэм дыгъэгъазэм Железноводск и художественно-техникумым щекIуэкIам.

ЩIалэгъуалэ зэхуэсым и лэжьыгъэм хэтащ техникум, колледж 12-м и студентхэр, курыт еджапIиблым я еджакIуэхэр. Зэхуэсым и программэр IыхьитIу зэхэтащ. Япэ Iыхьэр теухуауэ щытащ Хэкум и ЛIыхъужьхэмрэ Тхьэм папщIэ бэлыхь куэд зрагъэшэча, ТекIуэныгъэ къэзыхьа Георгийрэ я махуэхэр гъэлъэпIэным.

Щоджэнхэм Тхьэм папщIэ бэлыхь куэд зрагъэшэча, ТекIуэныгъэ къэзыхьа Георгий и цIэкIэ мывэ щагъэтIылъа, члисэ ухуэныгъэм и щIыпIэр ягъэнэхуащ икIи къызэIуахащ фэеплъ дапхъэр, члисэ цIыкIур зытраухуэнухэм я цIэ-унэцIэхэр тету.

Зэхуэсыр къызэIуихащ Железноводск художественно-ухуэныгъэ техникумым и унафэщI, Железноводск къалэ-зыгъэпсэхупIэм и Думэм и депутат Васин Юрий. Абы ягу къигъэкIыжащ тхыдэ фэеплъыр хъумэным и мыхьэнэр, щIалэгъуалэр лIыхъужьхэм я щапхъэм щIэпIыкIыным.

Зэхыхьэм хэтхэм гулъытэ нэхъыбэ хуащIащ къэзакъ унэтIыныгъэ зиIэ гупхэм я лэжьыгъэхэм, щоджэн нэхъыжь Великородный Павел зыхэтам. Абы ныбжьыщIэхэм щагъэлъэгъуащ дзэ-спорт унэтIыныгъэм щаIэ зэфIэкIыр. Щоджэным зэхыхьэм хэта псоми Иоанн УмэхъакIуэм и тхьэнапэр тыгъэ яхуищIащ.

2237
Фотогалерея