Черкесск утыку къыщрахьащ республикэм и чристэн лъапIэныгъэхэм теухуауэ

10.12.2018
Просмотры: 2263

2018 гъэм дыгъэгъазэм и 7-м КъШР-м Байрамуковэ Х.Б. и цIэр зезыхьэ и Лъэпкъ Къэрал библиотекэм щекIуэкIащ «Православные святыни Карачаево-Черкесии» тхылъ гъэлъэгъуэныгъэр. Республикэм и унафэщIхэр, къэзакъхэр, егъэджакIуэхэр, жылагъуэ лэжьакIуэхэр, щIалэгъуалэр, Къэрэшей-Шэрджэсым щыпсэухэр – цIыху 80-м щIигъу зэхыхьэм хэтащ.

КъШР-м и Iэтащхьэм и Администрацэмрэ Правительствэмрэ я унафэщIым и япэ къуэдзэ Пивоваровэ Надеждэ КъШР-м и Iэтащхьэ Темрезов Рашид къыбгъэдэкI хъуэхъур нихьэсащ. Апхуэдэу къызэхуэсахэм захуигъэзащ КъШР-м и Жылагъуэ палатэм и унафэщI Молдовановэ Верэ. Ищхъэрэ Къэрэшей-Шэрджэс члисэ округым и благочиннэ щоджэн нэхъыжь Нартов Александр тхылъыр зэритхамрэ къызэрыдигъэкIамрэ къытеувыIащ.

КъыдэкIыгъуэр щыщщ «Чристэн жэрдэм» зэпеуэм пашэ щыхъуахэм. Тхылъыр иджы республикэм и школхэмрэ библиотекэхэмрэ щызэбграгъэхынущ.

2263
Фотогалерея