Благочиннэр къыщыпсэлъащ зауэм хэкIуэдахэм я пэкIум

30.11.2018
Просмотры: 2869

Хетагуров Коста и цIэр зезыхьэ осетин школым и IухьэпIэм, Къэрэшей-Шэрджэсым и Шоан бгым и лъапэм деж щыIэм, фэеплъ пхъэбгъухэр щагъэуващ, Совет Союзым и ЛIыхъужьхэу Бутаев Георгий, Казаев Александр, Калоев Георгий сымэ я щIыхькIэ. Ахэр 1941 гъэм хэкIуэдащ Хэкум и хъумакIуэу: я щIыналъэр фашист зэрыпхъуакIуэхэм щахъумэу. Щыми къагъэзэжакъым я къуажэм. Абыхэм я хьэдэр Хэкум и къуэшыкхъэхэм щIэлъщ, я цIэхэр школхэм, уэрамхэм зэрахьэ. Къуажэдэсхэм хуэсакъыу яхъумэ я лIыхъужьхэм я фэеплъыр, ТекIуэныгъэ Ин нэужьым къызымыгъэзэжахэм. Курыт еджапIэм ЩIыхьым и Аллее щыIэщ къуажэ школым, зауэлI-лIыхъужьхэм я фэеплъыр щагъэувауэ. Абыхэм я цIэхэмрэ фэеплъ тхыгъэхэмрэ щыгъуазэщ еджакIуэхэр. ЛIыхъужьхэм я фэеплъым теухуа пэкIум хэтащ: Карачаевскэ муниципальнэ районым и администрацэм и Iэтащхьэ Кущетеров Спартак, Ипщэ Къэрэшей-Шэрджэс члисэ округым и щоджэн нэхъыжь

Субтельный Евгений, осетинхэм я жылагъуэ зэгухьэныгъэм и унафэщI Хетагуров Олег.

2869
Фотогалерея