Зэи тщыгъупщэнукъым!

28.11.2018
Просмотры: 4444

Псыхуабэ, Черкесск епархием хъыбар фегъащIэ 2018 гъэм щэкIуэгъуэм и 28-м, илъэс 80-м иту, хьэлъэу куэдрэ сымэджа нэужь, Совхознэ къуажэм (КъБР) и Свято-Троицкэ Серафимовскэ цIыхубз къулъшырыфым и унафэщI игумение Антоние (Бобылевэ) дунейм зэрехыжар.

Антоние 1939 гъэм щIышылэм и 30-м Ставрополь крайм и Нинэ къуажэм къыщалъхуащ. Школ нэужьым ар щоджэным щхьэгъусэ хуэхъуащ. Николайрэ Мариерэ щIалиплI зэдапIащ, тIур я адэм и щапхъэм ирикIуащ. И щхьэгъусэр фIэкIуэда нэужь, 1991 гъэм монах постриг иригъэщIащ. Ар Баку къалэм Тхьэм и Анэм и Хъуромэ члисэ зэхуэхьэсам игумен Александр (Ищеин) щищIащ, иджы Бакинскрэ Азербайджанскрэ я архиепископым, Антоние цIэр фIищри.

1998 гъэм Антоние и гъащIэм нэхъыщхьэ щыхъуащ Свято-Троицкэ члисэжьыр къэгъэщIэрэщIэжыныр, XX лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэхэм Хомяковэ Екатеринэ адыгэ къуажэ пхыдзам щиухуар. 2000 гъэм гъатхэпэм и 7-м Синод ЛъапIэм унафэ ищIащ Свято-Троицкэ Серафимовскэ цIыхубз къулъшырыф иухуэну. Къулъшырыфым и унафэщI хъуащ монахинэ Антоние. Абы и лэжьыгъэхэмрэ и тхьэлъэIухэмкIэ къулъшырыфыр къэщIэрэщIэжащ икIи мамыр цIыхухэр Тхьэ елъэIуну къакIуэу щIадзэжащ. Антоние игумение къулыкъур хуагъэфэщащ. Иужьрей зэманым ар хуабжьу сымэджащ, ауэ и лэжьыгъэхэр Совхознэ, Теберда къыщигъэнатэкъым, Сентинскэ цIыхубз къулъшырыфыр къыщигъэщэIрэщIэжам. Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт щоджэн нэхъыжь Бобылев Валентин, абы и благъэхэм, Iыхьлыхэм хуэгузэващ.

«Антоние и гъащIэ псор Тхьэмрэ Члисэмрэ триухуащ. ЯпэщIыкIэ абы и щхьэгъусэр фIэкIуэдащ. Монах теплъэр къищта нэужь, члисэр зэфIигъэувэжащ, къулъшырыфыр къигъэщIэрэщIэжащ. Тхьэм елъэIуурэ, гугъэ ищIурэ и лэжьыгъэхэр къехъулIащ. Абы и лэжьыгъэхэмрэ и тхьэлъэIухэмрэ къыIихащ. КъегъэлакIуэ Христос абы и псэр игъэтыншыжыну солъэIу. Зэи тщыгъупщэнукъым!», - щыжыIащ Пастыр нэхъыщхьэм и тхыгъэм.

Игумение Антоние (Бобылевэ) 2018 гъэм щэкIуэгъуэм и 30-м Свято-Троицкэ цIыхубз къулъшырыфым щыщIалъхьэнущ. ТхьэлъэIу лиутргиер сыхьэти 8-м ирагъэжьэнущ.

4444
Фотогалерея