Бештау бгым КъегъэлакIуэм и теплъэр щагъэуващ

28.11.2018
Просмотры: 4056

Урысей Федерацэм и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм щыIэ Матовников Александррэ Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилактрэ Бештау бгым къагъэIэпхъуащ КъегъэлакIуэ Иисус Христос и МыIэрыщI Теплъэр. ЛъапIэныгъэр ягъэувыну зыкъыхуагъэзащ цIыхухэм. Езым я мылъкукIэ абыхэм скъарымрэ мывэкъырымрэ къыхэщIыкIауэ Музенитов Павел и мастерскойм щагъэхьэзырыжащ. Хъуромэ нэщIым и пэ къихуэу Успенскэ Второафонскэ Бештаурскэ цIыхухъу къулъшырыфым цIыхухэм я лъэIур ягъэзэщIащ. Тхьэ елъэIуурэ захъуэжурэ цIыху 40-м теплъэр яхьащ. Тхьэнапэр метр 1400-рэ зи лъагагъым щагъэуващ. Бештау бгым лъапIэныгъэр щагъэуващ, илъэс мин бжыгъэ ипэкIэ хабзэ хъуа Iуэхум пащэу. Тхьэм лъагапIэхэм щелъэIуныр куэд щIауэ къокIуэкI. Иджыри уафэм нэхъ пэгъунэгъуу, Тхьэм и нэфI зыщыхуа Кавказым и хьэщIэхэмрэ абы щыпсэухэмрэ МыIэрыщI Теплъэм зыхуагъэзэфынущ.

4056
Фотогалерея