2018 гъэм щэкIуэгуъэм и 2-м Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт Библиер зэдзэкIынымкIэ Институтым щыIащ, Москва къалэм и Андреевскэ ставропигиальнэ къулъшырыфым щыIэм икIи яIущIащ институтым и унафэщIхэмрэ и лэжьакIуэхэмрэ – Библиер зэдзэкIынымкIэ Институтым и Правленэм и унафэщI щоджэн нэхъыжь Троцкий Александр, Щихъ Волоцкий Иосиф и цIэр зезыхьэ члисэм и клирик Беляев Старый, Москва Щихъ патриарх Алексей II-м и цIэр зезыхьэ Патриархатым и Синод Библиотекэм и библиограф нэхъыщхьэм, Библиер зэдзэкIынымкIэ Институтым и унафэщI Войнов Виталий, тюркологиемрэ библеистикэмкIэ IэщIагъэлI, зэдзэкIын IуэхухэмкIэ чэнджэщэгъум.
Пастыр нэхъыщхьэм апхуэдэу епсэлъащ Горбуновэ Наталие, унафэщIым и къуэдзэ, хъыбарегъащIэ зыужьыныгъэхэмкIэ къудамэм и унафэщI Гадилия Кетеван, зэдзэкIыныгъэ проектхэмкIэ координатор Черноиванов Сергей. Нэхъыщхьэу зэпсэлъащ Руфь тхылъымрэ бегъымбар Даниил теухуауэ иджыблагъэ зэрадзэкIауэ Институтым къыдигъэкIахэм. Щихънагъым фIыщIэ хуищIащ зэдзэкIакIуэ гупым икIи тепсэлъыхьащ а тхылъхэм ящыщ Псыхуабэ епархием зэрагъэхьар, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым зэрырагъэшар. Ар пщIэншэу екIуэлIапIэм кIуэ, адыгэбзэ зыIурылъхэм иратынущ. Щихънагъ Феофилакт институтым къыщыдэкIа тхылъхэм я экземплыр зырыз къратащ.
Псыхуабэ епархиер куэд щIауэ долажьэ Библиер зэдзэкIынымкIэ Институтым, литературэхэр зэбгырыгъэхыным, зэгъусэу къыдэгъэкIыным теухуауэ. Щоджэн нэхъыщхьэр тепсэлъыхьащ институтым и лэжьакIуэхэм зэдзэкIын, тхылъ къыдэгъэкIын проектхэм теухуауэ.