Благочиннэр къыщыпсэлъащ Карачаевск и фэеплъ пэкIум

03.11.2018
Просмотры: 2396

2018 гъэм щэкIуэгъуэм и 2-м Къэрэшей-Шэрджэсым щыпсэухэр щызэхуэсащ къэрэшей лъэпкъым и лъэпкъ гъэкIуэдым хэкIуэдахэм хуагъэува фэеплъым деж, властым зэхэзехуэн зэрищIам къыхэкIыу хэкIуэдахэр зэращымыгъупщэр жаIэн папщIэ.
«Тхьэм щыгъупщэнукъым зеиншэм, щхьэгъусэр зыфIэкIуэдам и тхьэлъэIур… Зи щхьэгъусэр зыфIэкIуэдам и нэпсыракъым нэкIум телъадэр? Ар хущIэджэкъэ бэлыхь хэзыдзам?» - Сирахов и къуэ Иисус и тхылъ Iущым щыщ а псалъэхэр къихьащ Ипщэ Къэрэшей-Шэрджэс члисэ округым и екIуэлIапIэхэм я благочиннэ щоджэн нэхъыжь Субтельный Евгений, Карачаевск къалэм щекIуэкIа пэкIум къэрэшей лъэпкъым и гузэвэгъуэр игу къыщигъэкIыжым.
А махуэм щыгъуэ псалъэхэр щыIуащ Зеленчукскэ станицэми. Абы щыпсэухэм ягу къагъэкIыжащ Къэзахъ губгъуэхэм щыхэкIуэдахэр.

2396
Фотогалерея