2018 гъэм жэпуэгъуэм и 30-м Горнозаводскэ школ зэхуэщIам, къулъшырыфу щытам и Iэгъуэблагъэм деж щызэхуэсащ Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт, УФ-м и Къэрал думэм и депутат Бондаренкэ Еленэ, Кировскэ къалэ округым и Iэтащхьэ Лукинов Владимир, хабзэхъумэ органхэм я лIыкIуэхэр, къэзакъхэр. ХьэщIэхэм Тхьэм и Анэм и Хъуромэ члисэмкIэ яунэтIащ, Жорым деж щыIащ, къулъшырыфыр зыухуа щоджэн нэхъыжь Ласточкин Михаилрэ япэ игумение Агафоникэрэ я фэеплъу къулъшырыф зэхэкъутам деж щагъэувам.
ХьэщIэхэм къаIущащ школым и гъэсэнхэр. Спорт, дзэ-патриот гъэсэныгъэр я лъабжьэщ иджыпсту ныбжьыщIэ «гугъухэм». Архиепископ феофилакт ныбжьыщIэхэм ягу къигъэкIыжащ фIэщхъуныгъэ быдэр цIыхум къызэрыхуэщхьэпэр зауэлI къэмыланджэж, ныбжьэгъу пэж, Хэкум и къуэ пэж хъунымкIэ. ХьэщIэхэр еплъащ гъэсэнхэм зэрызыкъагъэлъэгъуам.
Архиепископ Феофилактрэ Къэрал думэм и депутат Бондаренкэ Еленэрэ жыгхэр щагъэтIысащ, Жорым ухуэзышэ гъуэгум щихухэр хасащ. Щихънагъыр Тхьэ елъэIуащ егъэджакIуэхэм акъыл яIэну, Тхьэр къадэIэпыкъуну гъэсэныгъэ Iуэхум теухуауэ. ИтIанэ школым зыщаплъыхьащ. Щоджэн нэхъыщхьэр депутатым щIыгъуу тепсэлъыхьащ школым воркаут-ухуэныгъэ щащIынымкIэ къызэрыдэIэпыкъуам.
А махуэ дыдэм архиепископ Феофилактрэ Бондаренкэ Еленэрэ щыIащ Гонозаводскэ къуажэм щаухуэ члисэм, лэжьыгъэхэм я щытыкIэм кIэлъыплъащ, къуажэдэсхэм епсэлъащ.