Губиным и еханэ къеджэныгъэхэр Минводы щекIуэкIащ

21.10.2018
Просмотры: 2955

2018 гъэм жэпуэгъуэм и 19-м Псыхуабэ, Черкесск епархием и архиепископ Феофилакт и арэзыныгъэкIэ Епархием и VI Губин къеджэныгъэхэр зэхэтащ тхакIуэ къэзакъ Губин Андрей (1927-1992) къызэралъхурэ илъэс 91-рэ щрикъум  ирихьэлIэу. ЕтIуанэу ар зэпеуэ-фестиваль щIыкIэу щекIуэкIащ МинводыЩэнхабзэмкIэ и унэм.
КъызэгъэпэщакIуэхэм - Псыхуабэ, Черкесск епархием къэзакъхэм ядэлэжьэнымкIэ и къудамэм, Тэрч къэзакъыдзэмрэ «Пасэрей къэзакъ щэнхабзэр зыфIэфIхэм я зэгухьэныгъэ» Фондымрэ - зэрыжаIэмкIэ, Губиным и къеджэныгъэхэм цIыхуи 180-м щIигъу хэтащ. Ар нэгъабэрей бжыгъэм нэхърэ нэхъыбэщ.
Псыхуабэ, Черкесск епархием и къэзакъ зэгухьэныгъэхэм я гупхэм къищынэмыщIауэ (КъШР-м и Баталпашинскэ къэзакъ къудамэм япэу), къеджэныгъэхэм хэтащ Георгиевск щыщ гупыр. 
Гуп нэхъыфIхэмрэ уэрэджыIакIуэ щхьэхуэхэмрэ я лэжьыгъэхэм  зыхагъэгъуэзэну къэпщытакIуэ гупым унафэщI Губенкэ Олег я пашэу зэхуэсахэмIэмал яIащ кIэух концертым хыхьэу. Абы ирихьэлIэу пашэ хъуахэр ягъэлъэпIащ  щIыхь тхылъхэмрэ саугъэтхэмкIэ. «Литературно-музыкэ композицэ» унэтIыныгъэм япэ увыпIэр къыщихьащ «Новопавловская СОШ №2» МБОУ-м, «Мой дед – казак»  композицэм папщIэ. ЕтIуанэ хъуащ Минераловодскэ къалэ округым и Красный Пахарь къуажэм и курыт еджапIэ №14-м и «Хуторяне» гупыр. 

Къэзакъ уэрэд нэхъыфIхэр ягъэзэщIащ япэ, етIуанэ, ещанэ увыпIэ зыхуагъэфэщахэу Новопавловск и «Станичники» («Ехал казак с Дона»), Минераловодскэ округым и Гражданскэ къуажэм щыщ Небораченкэ Юлэ («Любо, братцы, любо»), Кисловодск къалэм и Свято-Никольскэ Чристэн классическэ гимназием и уэрэджыIакIуэ гупым («Полно вам, снежочки»). 
«Художественное чтение» унэтIыныгъэм япэ увыпIэр къыщихьащ Железноводск и художественно-ухуэныгъэ техникумым и студент Зазнобин Вадим, нэгъуей усакIуэ Хо Ун Пэ и «Фронтовая сумка» усэ Губин Андрей зэридзэкIам папщIэ. ЕтIуанэр къихьащ Кудрявцев Артём, «Казаку в храме с шашкой быть» легенэм папщIэ. Ещанэ увыпIэр къихьащ Винсанды щыщ Гридчин Борислав и «Молоко волчицы» романым щыщ пычыгъуэм папщIэ. «Казачье слово» унэтIыныгъэм япэ увыпIэр къыщихьащ Къэбэрдей-
Балъкъэрым и Котляревскэ станицэм и къэзакъ члисэ урядым. ЕтIуанэр иратащ Марьины Колодцы къуажэм и «Истоки» гупым щыщ Филатов Павел, «Подкидыш» рассказым папщIэ. Ещанэр хуагъэфэщащ Новопавловск щыщ Грабовский Александр, «Атаман Тутов» рассказым папщIэ.
Котляревскэ станицэм и къэзакъ члисэ урядым иратащ «По местам боевой славы» щIыхь тхылъыр. VI Губин къеджэныгъэхэм хэтащ ныбжькIэ зэщхьэщыха щIалэгъуалэр, Губин Андрей и Iэдакъэ къыщIэкIахэм къеджахэр. Абыхэм къыхагъэщащ фестиваль-зэпеуэр щIэщыгъуэ зэращыхъуар.

2955
Фотогалерея