Благочиннэм иригъэжьащ къуажэ члисэм и гуфIэгъуэ зэхыхьэхэр

18.10.2018
Просмотры: 2475

2018 гъэм жэпуэгъуэм и 14-м Новоблагодарнэ къуажэм и Покров члисэм и тхьэлъэIу литургиер иригъэкIуэкIащ Лермонтовэ члисэ округым и екIуэлIапIэхэм я благочиннэ щоджэн нэхъыжь Фаустов Константин. Абы къулыкъур драгъэкIуэкIащ  члисэм и унафэщI щоджэн нэхъыжь Углов Сергий. Литургие нэужьымрэ зэгъусэ тхьэлъэIу нэужьымрэ щоджэнхэмрэ екIуэлIапIэм кIуэхэмрэ Тхьэм и Анэм зэгъусэу  елъэIуащ, къадэIэпыкъуну зыхуагъазэри. Благочиннэр зэхуэсахэм ехъуэхъуащ, псоми шыIэныгъэ яхэлъыну къыхуриджащ, Тхьэм и Анэ Къабзащэ Марие и нэIэм щIэтын папщIэ. ТхьэлъэIум хэтахэр Iэнэм ирагъэблэгъащ.

2475
Фотогалерея