Покров махуэшхуэр Кисловодск Iэтауэ щагъэлъэпIащ

16.10.2018
Просмотры: 2608

Тхьэм и Анэм и Покров махуэшхуэм, 2018 гъэм жэпуэгъуэм и 14-м Кисловодск къалэм и Никольскэ члисэ зэхуэхьэсам махуэшхуэ тхьэлъэIухэр щекIуэкIащ. ТхьэлъэIу литургие нэужьым, утым и члисэ зэхуэхьэсам Покров бэзэр къыщызэрагъэпэщащ, екIуэлIапIэм игъэхьэзырауэ.
Бэзэрым хэтхэмрэ абы зыкърезыгъэхьэлIахэмрэ захуигъэзащ члисэ  зэхуэхьэсам и унафэщI щоджэн нэхъыжь Знаменский Иоанн. Ар псоми махуэшхуэмкIэ ехъуэхъуащ икIи къыхигъэщащ сабийхэм я дежкIэ псапащIэ Iуэхухэм мыхьэнэшхуэ зэраIэр, хуэныкъуэхэм дэIэпыкъун папщIэ ахъшэ зэхэдзэр зэрынэхъыщхьэр. Абы утыку къыщрахьащ Чристэн гимназием и гъэсэнхэмрэ члисэм и волонтёрхэмрэ ягъэхьэзырахэр. ЕкIуэлIапIэм кIуэхэм хуагъэлъэгъуащ щIыуэпс материалхэм къыхэщIыкIахэр, хьэпшыпхэр, IэфIыкIэхэр. Псоми гъэщIэгъуэн ящыхъуащ пасэрей шей щIыкIэр.
Хабзэ зэрыхъуауэ, Покров псапащIэ Iуэхум жыджэру хэтащ Подкумок къуажэм и Троицкэ члисэм и екIуэлIапIэр. Булкэ, пирожки, фо, нэгъуэщIхэр хьэщIэхэм ягу нэхъ дыхьащ. Бэзэрым къыхэкIа ахъшэр члисэм екIуалIэ хуэмыщIахэмрэ хуэныкъуэхэмрэ иратынущ.
Бэзэрыр и кIэм щынэблагъэм махуэшхуэ концерт къызэрагъэпэщащ,  Чристэн гимназием и унафэщIым классщIыб лэжьыгъэмкIэ и къуэдзэ Синявская Татьянэ игъэхьэзырар. Кисловодск зыкъыщигъэлъэгъуащ Никольскэ екIуэлIапIэм  и хьэщIэ, Тверь узыншагъэр хэIущIыIу щIынымкIэ и жылагъуэ зэгухьэныгъэм иунафэщI, усакIуэ, уэрэджыIакIуэ, композитор Щербаков Павел. Гимназием и  ансамблым хьэщIэхэм яхуигъэлъэгъуащ Покровым теухуа уэрэд. КъызэхуэсахэммахуэшхуэмкIэ ехъуэхъуащ етIуанэ классым щIэсхэр, «Осень раскрасавица» уэрэдыр ягъэзащIэри. Литвиненкэхэ я унагъуэм и уэрэджыIакIуэ ансамблым къэзакъ уэрэдхэмрэ Хэкум теухуа уэрэдхэмрэ жаIащ Воронинэ Татьянэ и псалъэхэр зыщIэлъхэр.

А махуэ дыдэм Кисловодск члисэ округым и екIуэлIапIэхэм я благочиннэ  щоджэн нэхъыжь Знаменский Иоанн къалэм и члисэхэм я щоджэнхэр я гъусэу тхьэлъэIум хэтащ икIи Зеленогорскэ къуажэм щаухуэ Покров члисэм зэгъусэ тхьэлъэIу щрагъэкIуэкIащ. Махуэшхуэм и гуфIэгъуэр зэдагуэшыну зэхуэсащ псапащIэхэр – ЕссэнтIыгу къалэм и Петропавловскэ члисэ комплексым и ктитор Алексов Павелрэ Псыхуабэ, Черкесск епархием и архиепископ Феофилакт ухуэныгъэмкIэ и дэIэпыкъуэгъу Музенитов Павелрэ, къуажэдэсхэр. Благочиннэр псапащIэхэм ехъуэхъуащ дэIэпыкъуныгъэм папщIэ икIи къуажэдэсхэр къыхуриджащ члисэ ухуэныгъэм жыджэру хэтыну.
Пщыхьэщхьэ тхьэлъэIум члисэ зэхуэхьэсам и клирикхэмрэ екIуэлIапIэм кIуэхэмрэ ягу къагъэкIыжащ Тхьэм и Анэм и Покровыр акафист уэрэдхэр жаIэу. Махуэшхуэр зэхуащIыжащ екIуэлIапIэм и зэгухьэныгъэм хэтхэр «Знамение» щэнхабзэ-узэщIыныгъэ центрым шей щызэдефэу.

2608
Фотогалерея