Экстремизмым узэрыпэщIэтыну Iэмал нэхъыщхьэу къагъэлъэгъуащ дин щIэныгъэмрэ волонтёр Iуэхумрэ

28.09.2018
Просмотры: 3070

2018 гъэм фокIадэм и 27-м Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт хэтащ Урысейм и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу КИФЩI-м щыIэ Матовников Александррэ Урысей МВД-м КИФЩI-м щиIэ къудамэм и унафэщI Бачурин Сергейрэ щIыналъэм и чристэнхэмрэ муслъымэнхэмрэ щыIущIам. Апхуэдэу зэхыхьэм хэтащ Махъэчкалинскрэ Грозненскрэ я архиепископ Варлаам, щIыпIэм и муфтийхэр.

Матовников Александр зэрыжиIэмкIэ, лэжьыгъэ IуэхукIэ зэрызэхуэсам и къалэн нэхъыщхьэр фIэщхъуныгъэм теухуа унафэхэм арэзы темыхъуэхэр хабзэм темыту къызэрагъэпэща IэщэкIэ зэщIэузэда зэгухьэныгъэхэм зэрахыхьэр зыгурагъэIуэн зэрыхуейрщ.
Зэхыхьэм хэтхэм чристэн фIэщхъуныгъэ зиIэхэм я цIэкIэ фIэхъус щарихым, Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт Бачурин Сергей фIыщIэ хуищIащ экстремизм лIэужьыгъуэхэм пэщIэтыным пыщIа Iуэхухэм ехьэлIауэ дэлэжьэну зэрыхьэзырым папщIэ. ЗэIущIэр Полпредым и хэщIапIэм езыри хэту зэрыщекIуэкIыр Щихънагъым дамыгъэфIу къигъэлъэгъуащ, лъэпкъ, дин зэпсэлъэныгъэм и зыужьыныгъэу къилъытэу. ЩытыкIэм зэрытепсэлъыхьыр, архиепископ Феофилакт къызэрилъытэмкIэ, къэралымрэ жылагъуэмрэ я къарур Iуэху зэIумыбзхэм пэщIэтыным ехьэлIауэ зэригъэуIунущ.
Iуэху зэIумыбз зыбжанэм тепсэлъыхьащ, жылагъуэм экстремист гупсысэм ухуэзышэу. Псом япэу къагъэлъэгъуар федеральнэ округым и щIыналъэ псоми дин щэнхабзэм и лъабжьэхэр фIыуэ щегъэджыным ехьэлIахэрщ. «Сабийм дунейм зыщыхигъэгъуазэкIэ адэ-анэхэмрэ егъэджакIуэмрэ захуегъазэ. и гупсысэр зэрызэфIэувэм къыдэкIуэу, абы дунейм гуемыIухэри хуиIэщ. Къэхъугъэр жылагъуэм и хабзэхэм тету зыхэщIэн хуейщ. Абы хыхьэу ОРКСЭ дерсыр, федеральнэ къэрал егъэджэныгъэ стандартым щыщ Iыхьэу, щIэблэм я гъэсэныгъэм и Iэмэпсымэу къалъытэ. Абы и лъэныкъуэкIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ адэ-анэхэм я бынхэм дин щэнхабзэм и лъабжьэхэр ирагъэджыным, - жиIащ
архиепископ Феофилакт.
Зыщыщ лъэпкъми, динми, щэнхабзэми емылъытауэ жылагъуэр зэкъуэгъэувэнымкIэ IэмэпсымэфIу архиепископ Феофилакт къилъытащ езыр- езыру псапэ щIэныр: «Кавказым щыпсэухэм я дежкIэ езыр-езыру сэбэп хъуныр адэжь щIэинщ. ЩIалэгъуалэр псапащIэм хэтыныр Кавказым ис лъэпкъхэм я хабзэщ. А Iуэхугъуэр ди щIыналъэм щызэрагъэуIумэ экстремизмыр нэхъ игъэкIэщхъэнут».
Щихънагъым дин псапащIэ Iуэхухэм ехьэлIа щапхъэхэр къихьащ. Ар Каспий и Iуфэхэр, Бештау, Мэшыкъуэ бгыхэр гъэкъэбзэнырщ, бынунагъуэшхуэхэм ядэIэпыкъунырщ, сымаджэхэм папщIэ мылъку зэхэдзэнырщ. А Iуэхугъуэхэм къагъэлъагъуэ щIалэгъуалэр псапэ Iуэхум зэрызэкъуигъэувэр. «Нэхъыщхьэр къэхъугъэм дыкIэлъыплъ мыхъуу, жыджэру дызэрыхэтыр зыхэтщIэнырщ. Ди пщэдейр дэ езым нобэ доухуэ, щIэблэр Кавказ Ищхъэрэм щыпсэухэм я зэхуэдэ хабзэхэм пщIэ хуащIу къэдгъэхъукIэрэ», - жиIащ Пастыр нэхъыщхьэм.

3070
Фотогалерея