Благочиннэр къыщыпсэлъащ колледжым и конференцэм

21.09.2018
Просмотры: 2452

Ику ит профессиональнэ Кавказ Ищхъэрэ къэрал гуманитарнотехникэ академием, «Псори дызэгъусэщ» проектым хыхьэу, Дунейпсо ислъам миссием даIыгъам, 2018 гъэм фокIадэм и 20-м конференцэ щекIуэкIащ, щIалэгъуалэм я псэкупсэ гъэсэныгъэм теухуауэ.
Зэхуэсым хэтащ: КъШР-м лъэпкъ IуэхухэмкIэ, цIыхубэ коммуникацэмрэ печатымкIэ и министрым и япэ къуэдзэ Хъубий Ислъам, КъШР-м и муслъымэн дин управленэм и лIыкIуэ Iэпсэ Анзор, Ищхъэрэ Къэрэшей-Шэрджэс члисэ округым и екIуэлIапIэхэм я благочиннэ щоджэн нэхъыжь Нартов Александр, СКГГТА-м и унафэщI Гуринэ Иринэ, СКГГТА-м и егъэджакIуэхэмрэ студентхэмрэ.
Хъубий Ислъам зэхыхьэм хэтхэм яхутепсэлъыхьащ министерствэмрэ КъШР-м и ДУМ-мрэ, чристэн екIуэлIапIэхэмрэ зэрызэдэлажьэм. Абы къыхигъэщащ нобэрей зэIущIэр – студентхэм я дежкIэ зыхуей упщIэхэр ятынымкIэ зэрыIэмалыфIыр, дин тематикэм, абыхэм теухуа я упщIэхэм я жэуапхэр къаIэрыхьэнымкIэ.
Iэпсэ Анзор къыхигъэщащ апхуэдэ зэIущIэхэр нэхъыбэрэ республикэм и утыкухэм зэрыщекIуэкIын хуейр.
Зэхыхьэм хэтхэр диным къыдэкIуэу тепсэлъыхьащ щIалэгъуалэм я социальнэ Iуэху зэIумыбзхэри зэфIахын зэрыхуейм.

2452
Фотогалерея