Псыхуабэ епархием икIыу щIыналъэ лъапIэм Тхьэ елъэIуну кIуахэр джыназ Черкасскэхэ я кхъащхьэм деж Тхьэ щелъэIуащ

15.09.2018
Просмотры: 3029

2018 гъэм фокIадэм и 14-м Псыхуабэ епархием икIыу щIыналъэ лъапIэм кIуахэр щыIащ Москва и тхыдэ къулъшырыфхэм, Романовхэ я лIакъуэм епхахэм. Новоспасскэ къулъшырыфым Тхьэм и нэфI зыщыхуа Кавказым и хьэщIэхэр Тхьэ щелъэIуащ урыс пащтыхьыр къызытехъукIахэм я фэеплъыр мыкIуэдыжыну. Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт и арэзыныгъэкIэ щоджэнхэм тхьэлъэIу щрагъэкIуэкIащ Черкасскэ джыназхэм я кхъащхьэм. Новоспасскэ къулъшырыфым илъэс ипэкIэ фэеплъ пхъэбгъу щагъэуващ фокIадэм и 5-м. Ар игъэнэхуащ Москварэ Урысей псомрэ я Патриах Кирилл. Къэбэрдеипщ Темрыкъуэ Идар къыщIэна, урыс пащтыхьым хуэпэжу къулыкъу зыщIахэм я фэеплъыр архиепископ Феофилакт и жэрдэмкIэ ягъэуващ. Ар ядиIыгъащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Юрий.
Новоспасскэ къулъшырыфым щIыналъэ лъапIэм тхьэ щелъэIуахэр Тхьэм и Анэм и «Всецарица» теплъэм деж Тхьэ щелъэIуащ.
Знаменскэ цIыхухъу къулъшырыф Варваркэ щыIэм щIыналъэ лъапIэм Тхьэ щелъэIуну кIуахэр Романовхэ я боярхэм я палатэхэм щеплъащ, урыс пащтыхьхэм я адэжьхэм я псэукIам зыщыхагъэгъуэзащ, къулъшырыфым и блынхэм Тхьэ щелъэIуащ.
Тхьэм и нэфI зыщыхуа Кавказым икIахэм фIыщIэ хуащIащ экскурсоводым – Бутовскэ полигоным и музейм и унафэщI Гарьков Владимиррэ зэхуэсыр къызэзыгъэпэща – «Кавказский Паломник» IуэхущIапIэм и унафэщI Логвиненкэ Ларисэрэ.

3029
Фотогалерея