Комиссэм и зэIущIэр траухуащ Тхьэм папщIэ бэлыхь куэд зрагъэшэчар дунейм зэрехыжрэ илъэс бжыгъэ щрикъум

05.09.2018
Просмотры: 2246

2018 гъэм фокIадэм и 3-м Успенскэ Второафонскэ Бештаурскэ цIыхухъу къулъшырыфым, епархием и комиссэм и щихъхэр канон щIынымкIэ и унафэщI иеромонах Елевферий (Казаков) и унафэм щIэту, комиссэм и зи чэзу зэIущIэр къызэрагъэпэщащ, Псыхуабэрэ Прикумскрэ я епископ Никифор (Ефимов) дунейм зэрехыжрэ илъэс 81-рэ зэрырикъуам теухуауэ. Абы 1930 гъэм щыщIэдзауэ епархиер зригъэкIуащ (1937 гъэм фокIадэм и 1-м яукIащ). Лэжьыгъэм и пэ къихуэу комиссэм хэтхэм тхьэлъэIу ирагъэкIуэкIащ дунейм ехыжа Пастыр нэхъыщхьэм теухуауэ.
ЗэIущIэм и пэ къихуэу иеромонах Елевферий къызэхуэсахэм фIыщIэ яхуищIащ архив дэфтэрхэр зэрызэхуахьэсам папщIэ. КъищынэмыщIауэ, комиссэм хэтхэм Тхьэм папщIэ бэлыхь куэд зрагъэшэчахэмрэ Урыс Члисэм гуэныхьхэр зыIуэтэжа и щихъхэмрэ ятеухуа зэпсэлъэныгъэхэр епархием и «Зелёный Афон» зэхуэсым зэрыщрагъэкIуэкIам папщIэ. Комиссэм и унафэщIым ягу къигъэкIыжащ епископ Никифор и пастыр нэхъыщхьэ лэжьыгъэхэр. ЗэIущIэм къыщыхалъхьащ щихънагъ Никифор и фэеплъу епархием и екIуэлIапIэхэм, егъэджэныгъэ,  социальнэ IуэхущIапIэхэм щрагъэкIуэкIыну зэхыхьэхэм я планыр.1918 гъэм зи фIэщхъуныгъэм текIуэда щоджэн Рябухин Иоанн зрихьа лIыгъэм теухуауэ къэпсэлъащ комиссэм и секретарь щоджэн Гурин Александр. ЕссэнтIыгу станицэм и Никольскэ члисэм и унафэщI Рябухин Иоанн дунейм зэрехыжам теухуа тхылъхэр иджыблагъэ комиссэм хэтхэм къаIэрыхьащ Урысей Федерацэм и Къэрал архивым къикIыу. Щоджэным теухуа тхылъхэр
зэхуахьэсыным иджыри пащэну зэгурыIуащ.  Щоджэн нэхъыжь Волошин Дмитрий зэIущIэм хэтхэр хигъэгъуэзащ зи фIэщхъуныгъэм текIуэда Къэбэрдей-Балъкъэр АССР-м и члисэхэм къулыкъущызыщIа щоджэнхэм ятеухуахэм.

2246
Фотогалерея