Къалэм и махуэм ЕссэнтIыгу зэгъусэ тхьэлъэIу щекIуэкIащ

26.08.2018
Просмотры: 2454

2018 гъэм шыщхьэуIум и 25-м Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилакт и арэзыныгъэкIэ, къалэм и махуэм ЕссэнтIыгу зэгъусэ тхьэлъэIу щрагъэкIуэкIащ. ТхьэлъэIу литургие нэужьым Тхьэм папщIэ бэлыхь куэд зрагъэшэча Пантелеимон и цIэр зезыхьэ члисэм ЕссэнтIыгу члисэ округым и екIуэлIапIэхэм я щоджэнхэм, екIуэлIапIэм кIуэхэм, къэзакъхэм, къалэ зыгъэпсэхупIэм и хьэщIэхэм благочиннэ щоджэн нэхъыжь Еланцев Сергей, къалэм и Iэтащхьэ Некристов Александр я пашэу члисэм къыщыщIэдзауэ къалэм и уэрам нэхъыщхьэм ирикIуащ зыгъэпсэхупIэ паркым и псынэпс №17-нэ зэрагъэпэщыжам нэс. Абдеж фIыщIэ тхьэлъэIу щрагъэкIуэкIащ.
ИужькIэ архиепископ Феофилакт къыбгъэдэкI хъуэхъукIэ къызэхуэсахэм захуигъэзащ благочиннэм: «Илъэси 193-рэ ипэкIэ къалэм и гъащIэр ирагъэжьащ ЕссэнтIыгу станицэ тэрч къэзакъхэм къызэрагъэпэщамкIэ. Аращ къалэр къызэгъэпэщыжыным, ар хъумэным мыхьэнэшхуэ щIиIэр. ТIощIрэ езанэ лIэщIыгъуэм щыпсэухэм ди япэ ита лIыхъужьхэр зыпхыкIа гугъуехьхэр ди нэгу къыщIэдгъэхьэну, Тхьэм и нэфI зыщыхуа Кавказым дыщыпсэун, дыухуэн, гъунэгъу лъэпкъхэм мамыру дакъыщыдэгъуэгурыкIуэн папщIэ. Гугъуехьхэмрэ гъэунэхупIэхэмрэ абыхэм нэхъыбэу я нэгу щIэкIащ, ауэ абыхэм псори къызэранэкIыфащ, гугъэм, къэкIуэнум зэрыхуэпабгъэм, Тхьэм фIэщхъуныгъэ
зэрыхуаIэм, ар къазэрыдэIэпыкъунур я фIэщ зэрыхъум папщIэ.

2454
Фотогалерея