Станицэм и члисэм екIуалIэхэр епархием и къулъшырыфым Тхьэ щелъэIуащ

21.08.2018
Просмотры: 2726

2018 гъэм шыщхьэуIум и 20-м Котляревскэ станицэм (КъБР) и Покров члисэм екIуалIэхэр, унафэщI щоджэн Арманов Николай я пашэу Псыхуабэ епархием и къулъшырыфхэм щыIащ. Япэр – Совхознэ къуажэм (КъБР) и Свято- Троицкэ къулъшырыфырщ. Къулъшырыфым и унафэщI игумение Антоние (Бобылёвэ) хьэщIэхэм гуапэу къапежьащ. Ар къытеувыIащ къулъшырыфым и гъащIэм, и тхыдэм, дэтхэнэми гулъытэ хуищIащ. Члисэм и блынхэм Тхьэ щелъэIуащ, щихъ Серафим и псынэпсым кIуащ. УнафэщIым абыхэм фIыщIэ хуащIри Успенскэ Второафонскэ Бештаурскэ цIыхухъу къулъшырыфым кIуащ. Котляревскэ станицэм дэсхэр ещанэу щыIащ Дубровкэ бгым тет Георгиевскэ
цIыхубз къулъшырыфым.

2726
Фотогалерея