Прохладнэ къалэм и Никольскэ члисэм щагъэлъэпIащ Урысейр умэхъын зэращIрэ илъэс 1030-рэ зэрырикъур.
Къалэ музейм и унафэщI Гарилюк Аннэ иригъэкIуэкIащ «Сегодня День Крещения Руси» пшыхьыр. Зэхуэсахэм я пащхьэм щагъэлъэгъуащ чристэн диныр зэрыхахьауэ щытам теухуахэр. Лекторыр къытеувыIащ Урыс Члисэр къызэрыунэхуам, урыс щэнхабзэмрэ псэкупсэмрэ я къежьапIэ хъуам.
«Выбор князя Владимира» тхьэнапэхэм я гъэлъэгъуэныгъэм щIыгъуу иконописыр къызэрежьам, а гъуазджэ унэтIыныгъэр Урысейм къызэрыщыунэхуам тепсэлъыхьащ. Выставкэм хыхьэу IущIащ Москва и Духовнэ Академием и иконопис къудамэр къэзыуха Маршалкинэ Марие. Ар къызэхуэсахэм яхутепсэлъыхьащ тхьэнапэхэр къызэрыунэхум, урыс иконопис школым и щхьэхуэныгъэхэм.
Апхуэдэу члисэм и Iэгъуэблагъэм щекIуэкIащ сурэттех Сокольников Юрий и «Мой храм» выставкэр.