2018 гъэм бадзэуэгъуэм и 29-м, Къэрэшей-Шэрджэсым лэжьыгъэ IуэхукIэ щыкIуам, УФ-м и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу КИФЩI-м щыIэ Матовников Александррэ республикэм и Iэтащхьэ Темрезов Рашидрэ щоджэнхэмрэ яIущIащ - Псыхуабэ, Черкесск щIыналъэхэм я архиепископ Феофилактрэ Кавказ Ищхъэрэм ис Муслъымэнхэм я зэзыгъэуIу центрым и унафэщI, Къэрэшей-Шэрджэсым ис муслъымэнхэм я дин IуэхущIапIэм и унафэщ1 Бердиев Исмэхьил-Хьэжырэ щоджэнхэр социальнэ Iуэхугъуэхэм зэрыхэтынум.
Архиепаископ Феофилактрэ Бердиев Исмэхьил-Хьэжырэ къыхагъэщащ щIыналъэхэм дин зэгухьэныгъэхэм а Iуэхугъуэхэм ехьэлIауэ щызэфIагъэкI лэжьыгъэхэм. Матовников Александр къыхигъэщащ дин лэжьакIуэ пашэхэм лъэпкъ, дин зэдэлэжьэныгъэм и IуэхукIэ зэфIагъэкI лэжьыгъэхэм иджыри къыхагъэхъуэну, социальнэ IуэхущIапIэхэм я гъэсакIуэхэм я лэжьыгъэм хэтыну.
Абы гу лъаригъэтащ КИФЩI-м и хэгъуэгухэм щызэдэлэжьэн зэрыхуейм, я Iуэху бгъэдыхьэкIэ нэхъыфIхэмкIэ зэхъуэжэным мыхьэнэ зэриIэм.
«ЩIалэгъуалэм гулъытэ нэхъыбэ хуэщIын хуейщ, псом хуэмыдэу социальнэ IуэхущIапIэхэм щыIэхэм. Мыбдеж дин зэгухьэныгъэхэр зэдэлэжьэным мыхьэнэшхуэ иIэщ», къыхигъэщащ Матовников Александр.
Темрезов Рашид къыхигъэщащ Къэрэшей-Шэрджэсым дин зэхуэмыдэхэм итхэмрэ лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэм къыхэкIахэмрэ гуапэу зэрызэхущытыр. Республикэм лъэпкъи 100-м щIигъу щопсэу, хабзэ, зэхущытыкIэ дахэхэр, пщIэ я зэхуаку дэлъу.
Темрезов Рашидрэ Матовников Александррэ фIыщIэ хуащIащ дин лэжьакIуэ пашэхэм, фIэщхъуныгъэ зиIэхэм я псэкупсэ гъэсэныгъэм хэлъхьэныгъэфIхэр зэрыхуащIым папщIэ, мамырыгъэмрэ зэгурыIуэныгъэмрэ Кавказ Ищхъэрэм зэрыщагъэбыдэм папщIэ икIи къыхураджащ дяпэкIи абы тету зэдэлэжьэнхэу.