Щоджэныр хэтащ комиссэм и лэжьыгъэм

08.07.2018
Просмотры: 2360

2018 гъэм бадзэуэгъуэм и 6-м Зеленчукскэ муниципальнэ районым и администрацэм и конференц-залым район администрацэм и Iэтащхьэм и къуэдзэ Вильхов Пётр и унафэм щIэту балигъ мыхъуахэм я комиссэм и зи чэзу зэIущIэр зэхэтащ. Комиссэр абы къриубыдэу хэплъащ административнэ хабзэхэр къыщызэпауда Iуэхугъуэ 28-м.
Лэжьыгъэхэм кърикIуахэр щызэхалъхьэжым, комиссэм хэтхэм къыхагъэщащ районым иджыри къыздэсым зи быным кIэлъыплъыну гукъыдэж зимыIэ адэ- анэхэр къызэринар. Балигъ мыхъуахэр кIэлъыплъыныншэу къагъанэ, сбаийхэм я къабзагъэр къызэрагъэпэщыркъым. Адэ-анэхэм сабий социальнэ ахъшэмкIэ фадэ къыщащэхум деж ар икIагъэшхуэщ. Комиссэм и лэжьыгъэм хэтащ Ипщэ Къэрэшей-Шэрджэс члисэ округым и екIуэлIапIэхэм я благочиннэ щоджэн нэхъыжь Субтельный Евгений.

Иджыблагъэ, 2018 гъэм бадзэуэгъуэм и 5-м апхуэдэ зэIущIэ щызэхэтащ Черкесск и мэрием. Комиссэм и лэжьыгъэм хэтащ Черкесск и Никольскэ члисэ зэхуэхьэсам и щоджэн Иманов Алексей. ЕгъэджакIуэхэр, юристхэр, хабзэхъумэ органхэм я лэжьакIуэхэмрэ социальнэ IуэхущIапIэхэм я лIыкIуэхэмрэ Iуэхугъуэхэм гупсэхуу зыхагъэгъэгъуэзащ.

2360
Фотогалерея